ЛIЭУ ДЭ БЗИТКIЭ ЩIЭТТХЫР

...

 Дэ хэхэсхэм ди Адыгэбзэ дахэмкIэ тхэжыу еджэжыФыр цIыхуищэм зы нэрыбйэ хуэдиз нэхъ мыхъуу мащIэщ. Иджыр къэскIэ ди цIыхухэм еджэкIэри тхэныри яФIэIуэхуу щыттэкъым. Дибзэ дахэмкIэ дытхэу дызэремыджэФым щхьэ дыхэмыхъуэу дыхэщIащ нобэ къэсым. Хэти сыт жэтIами ятхьэкIумэ имыхьэу Iуэхур Iэпэдэгъэлэл ящIащ. Лъэпкъ Iуэхури иужь дыдэм къагъанащ.
Нобэ дыкъыздэса лъэхъаным ди цIыхухэр лъэпкъ Iуэхум егупщысыну бэуапIэ езмыт щIэкхъуэ Iэхьэ къэлэжьын Iуэхур тIэкIу зыгуэрам зэррапхам щхьэ цIыхухэм ялъэпкъ Iуэху яужь зэррихьэн хуей Iуэхум хуэмыурэ гу лъатэу щIадзащ. Дэ ди гугъэри хэзгъахъуэри ди теувапIэри цIыхухэм я гулъытэныгъэр зэрхэхъуаращ.
Ауэ ныджыр къэс лъэпкъ Iуэху яужь имыта ди цIыху куэдыр лъэпкъ Iуэху яужь щихьам деж лъэпкъ Iуэху щIэкIэр дауэ хъунын теухуа IуэхумкIэ ахэр щызгъэуэрэ зыгъэIуэщхъу гупщысэ куэди йокIуэкIыр. ЗибзэкIэ мытхэж ди цIыхухэр зэрщагъауэр хамэбзэщ. Ди цIыхухэм ипэ, лъэхъанымрэ ди лъэпкъымрэ пэжым тетыу гу лъэдгъэтэу дэ дыхэлъыр зэр нэхъ дахэр утыку къызэритлъхьэныу хэмэбзэм нэхъ амал къытхуэнэкъым. Ди лъэпкъым ипэ дэ дыхэлъыр зэр дахэм гу лъэдгъатэу, дунейм дауэ ди дэхагъэр щэтхьэкIыФынып я пащхьэ итлъхьэмэ, ди пэжхэр ягум къыщыдгъэушыФмэ тIанэщ ди лъэпкъыр еджэрэ тхэрэ щыхъуынур. Бзэ зыщIэ ди цIыхухэм я нахъыбэр тхэуэ еджэ хъуа нэужьщ дэ дыхэлъ дахэм псэ хэтлъхьэжыурэ гъуэгу дыщытехьажынур.
ПэмыщIи иджыр къэскIэ лъэпкъым ипэ дитщ жоурэ зыкъэзгъэлъэгъуэ, ауэ лъэпкъыр зыкIэ зымгъэкIуатэ цIыхухэм лъэпкъыр зыгъэувыIэ, зыдэщытм къэзгъанэ гупщысэхэр зэрагъалъагъуэ бзэр зэр хэмэбзэм щхьэ ахэм я гупщысэхэр зэр пхэнжыр а хэмэбзэмкIэ утыку къилъхьэн хуейщ.
Аращи зым зым дызэрлъэIэсыр тхэбзэщи ди тхэбзэр ди цIыхухэм зэлъэIэсыгъуэ яхуэтщIыху хэмэбзэкIэ дызылъэIэсын хуейщ. Абы щхьэ Тыркум щыIэхэм яхуэгъэза ди гупщысэхэр ТыркубзэкIэ дыгъэлъэгъуэн нэхъ амал диIэкъым.
ПэмыщIуи диIэ къызэрихьымкIэ Хэкум щыIэ ди лъэпкъэгъухэм къыддаубыдын хуей Iуэхухэми/гупщысэхэми абы яхуэгъэзауэ дызэртепсэлъыхьыр ди Адыгэбзэ дахэращ.
Тыркум щыIэ ди лъэпкъуэгъухэм мыбы щекIуэкI гъащIэм къыхэкIыу ягурыгъэIуэн хуей куэд щыIэщи ахэм языныкъуэр дэ ди зэхуаку зыжэтIэжыурэ пэжыр къызэдэдгъуэтынущ ТыркубзэкIэ.

ДибзэмкIэ гъуэгу дыздытехьэжынущ, лъэпкъ дызэдэхъуижынущ. Ди ФIэщ хъуныгъэр мыращ. ДиIэ къэрур дауэ хэкумрэ лъэпкъым и къэкIуэнумрэ щыхьэдгъэпэнуми абы и гъуэгущ дызылъыхъуэр.

Маргъущ Везир
22.12.14
21:02

Bir cevap yazın