ХЭКУМ ЩЫЗЭГЪЭКIУЭКIЫН ХУЕЙ ХАБЗЭХЭР 2

...

ХЭКУМ ЩЫЗЭГЪЭКIУЭКIЫН ХУЕЙ ХАБЗЭХЭР 2
ЦIыху гъэлъэпIэнымрэ цIыхум пщIэ хуэщIынрэ гупщысэм къыхэкI хэбзэ дэхэ куэд хэлъщ адыгэм. Ауэ нобэм илъэсищэ ипэ зэрекIуэкIам хуэдэу цIыху гъэлъэпIэныр гугъудыдэщ. Лъэхъаным екIу икIи адыгагъэм екIу зы хэбзаФэкIэ Iуэхур егъэкIуэкIын хуейщ.
Дунейр лэжьэнрэ пщIэнтэнымрэ теухуащ нобэм. Улэжьыгъэр къыщыбгъэнам дей уи лэжьыгъэр хыощIыр. Хэкум зы цIыхум урихьэщIэмэ и Iуэхуу дэлъыу хъуар къыщенэри уэ уигъэФIэн щхьэ иIэ къихь ещIэр. Ауэ мыр лъэхъаным екIукъым. Пэжым ухуем цIыхуи дыгъэлъэпIэнущ абы щIыхьи хутщIынущ ауэ дыщIэм дыхигъэщIын хуейкъым абы дыхигъэхъуэн хуейщ.
Хэкум зы хабзэщIэм унаФэ тещIыхьын хуейщ. ЦIыхухэм я лэжыгъэ лъэхъаным унаФэ тещIыхьын хуейщ. Зы цыхум хьэщIэ ущыхуэхъуам де абы и Iуэху къыщимгъэнэн хуей сыхьэтхэр лъэпкъ унаФэкIэ утыку къилъхьэн хуейщ. А хаха сыхьэтхэм зы цIыху мыхьэулеуэ я Iуэху IэнатIэм пэрымытыныр гъэемыкIун хуейщ. ХЬэщIэми мыбы щIыхь хуищIын хуейщ. ХЬэщIапIэри зыгъэпсэху лъэхъанхэм хуэгъэзэн хуейщ.
Дэ хэхэсхэм мыр куэдыу ФIыуэ къыдгуроIуэр. Езыр хьэулейуэ ибысымым иIуэху къригъэгъанэу абы ипсоугъэм, и унагъуэм и зэран куэд щекIа лъэхъан куэд блэдгъэкIащ. Адыгъэ жызыIэ бысым куэдым адыгагъэмрэ гъащIэ екIуэкIыкIэмрэ яхузтемгъэхуэу куэд яшэкIащ. Куэдри мы зэтемыхуэм къыбгъэдэкIыу адыгэм зыщагъэуащ. Ныджы нахъыбэм хабзэ дызэрхуэхъуар аращи зы цIыху и Iуэху къебгъэгъэнэныр къмыкIущ. Абы ипсоукIэм, иунагъуэм уи зэран ебгъэкIыныр емыкIущ.
ПэмыщIуи зы цIыху хэкум щагъэхьэщIэкIэ абы Iэнэ щыхуагъувкIэ темылъ щыIэкъым, Iэнэм хуэныкъуэ щыIэкъым. Псоми куэд къэлэжьыу псори лэжьыгъэкIэ зэхуэдэтэмэ мыбы Iэй хэлътэкъым. Ауэ унэгъуэ куэдым мыр экономикакIэ хьэлъэ къазэрщыхъур, икIи хабзэм зэрФIэмкIыФхэри нахуэщ. Адыгэм зыпсалъэ иIэщ”шыгъу пIастэ зэдэшхын жоуэ”. Аращи цIыху бгъэхьэщIэм пIэстэ шыпсщ дэпшхынур. Мыбы къикIыр аращи пщIэнтIэпскIэ къэблэжьау уи унэм щIэлъыр зэдэпшхын хуейщ угуФIэурэ. Аращи ныбэм нэсым нэхрэ гум къипсыр нэхъ IэФIщ. Бысымым иунагъуэм хуищIэФыныр хэзгъэщIым нахърэ унэм щIэлъ зы джэдыкIэр гуФIэу зэдэшхыныр нэхъ дахэщ.
Ещанэуи къалэм зы гуэрэм дей IэнэщIу уIухьэныр ягъэемыкIур. Мыбы къихьыр аращи цIыхухэр зэкIэлъымкIуэжыФ ещIыр мыбы. КЪалэм упсоуныр гугъущ. ИкIи мы хабзэр лъапIэщи псоми яхузэФIэкIкъым. Хэхэсым уиз унэгъу, уизныбжьэгъу плъагъун щхьэ уиIэр изу умыкIуэми емыкIукъым. Пэмыщуи уиз ныбжьэгъу уигу къакIамэ абы илэжьапIэм ущыкIуам дей икIи зыри хуэхь хабзэкъым икIи умгъэкIыхьыу зы шей уеФэу укъежьэжыныр хабзэщ.
Хэкуми хэхэсми зым зым зэтлъытэурэ тхэлъ хабзэр зэтхьэлIэн хуейщ. ТIанэ лиэхъаным екIу, лъэпкъыр дахэм хуэсхьын хэбзэщIэхэр дунейм къытегъэхъуэн хуейщ. Куэд диФэ дэкIами адыгэ псоми етхьакIа гъащIэхэм куэд дигъащIащи ди щIэныгъэмкIэ лъэпкъыр дыгъэкIуэтэн хуейщ.
Маргъуш Вэзир Саврум
25.08.14
20:21

Bir cevap yazın