ЗЭДЫЖОМЫIЭР ЗЭДЭПЩIЭФКЪЫМ

...

ЗЭДЫЖОМЫIЭР ЗЭДЭПЩIЭФКЪЫМ
Хэкум исхэмрэ хэхэсхэмрэ Iуэху зэдамIыгъыр куэтэнукъым. Iуэху щIэн хуейр ипэ утыку къилъхьэн хуейщ. Хамэм щыIэ адыгэ хэхэсхэм щIапхъэщ жоуэ куэд жаIэ щхьэ жаIэр зэрмыщIапхъэри нахуэщ. Хэкурыс ди лъэпкъэгъухэри хэхэсхэм жаIэхэм щэхурэ щIодэIукI нэхъ щIапхъэм тепсэлъыхькъым. Хэкурысхэм псоми зыкъэвгъэзэж жаIэ нэхъ мыр пэж хъуФынрэ мыхъуФынрэм егупщысхэкъым. фыкъэкIуэж псалъэр “НакIуэ дывгъэкIуэж.” псалъэр жьэм къызэржьэдэкIым хуэдэу зэуэ къызэрмыпэжынур тIумкIи дощIэр. Лъэпкъым и гупщысэм тIумкIи гъуэгу къыхуэзытхъыхьын хуей цIыхухэм зэдэIыгъыу зэдырагъэкIуэкIыФын зы гупщысэ яIэкъым.
Уэ хэкурыс ди лъэпкъэгъуу лъэпкъым и гупщысэкIэ гъуэгу езгъэлъагъун хуэй ди интеллектуалхэ ФыкъэдаIуэ: Iуэхушхуэ Фипщэ дэлъщ. Хэхэсхэм я гупщысэр щIым теувэкъым жыФIэ къудейкIэ къикI щыIэкъым. Сыт лъэпкъым ищIэн хуейр? Сыт лъэпкъыр зыгъэкIуэтэнур? КЪыджэФIэ!
фэ жывмыIэФыр сэ жысIэнщ Фыхуеймэ:
1. Зауэрэ банэрэкIэ дыздынэсынрэ зауэмрэ банэмрэкIэ дыгъэкIуэдын цIыхурэ диIэкъым. Абы щхьэ тщIэн хуейр зауэмрэ банэмрэ пэжыжэу щытын хуейщ.
2. Хамэм щыпсо хэхэсхэм зыдэщысым щысыу хэкур хуитрэ мамыррэ зэррамщIыФынур нахуэщи жаIэхэр хэкурысхэм ФIыкIэ зэрлъэмIэсым макъ инкIэ Фытепсэлъыхьыу хамэм щыIэм гу лъавгъэтэн хуейщ.
3. Хэкурысхэми хэхэсхэмкIэ яхъума, хамэм икIижхэу хэкур зэрагъэкIуэтэн гупщысэм купщIэ зэрримыIэм гу лъатэн, лъавгъэтэн хуейщ.
4. ДызэрыцIыхукъым маржэ хъуижынхэ, пэжым тетыу дызэрыщIэкъым. И гъащIэр лажьэурэ пщIэнтэжыу есхьэкI ди цIыхухэр зэрыцIыхукъым. Зыр зым тхэмылъхэр зыхуэдгъэФэщащи ари пэжым зэртемыувэм щхьэ дыкIуэтэФкъым. Абы щхьэ пэжым тет дипсоукIэхэмкIэ дызэрыцIыхун хуейщ. Зым зым ипсоукIэм тхэплъэурэ зэдэтщIэФын хуейхэр къызэдэдгъуэтын хуейщ.
5. Дуней екIуэкIыкIэм ФIыуэ деджэу дигъащIэр зэдэджын хуейщ. ТIани пэжым тетыу тщIэн хуейр лъэпкъым и пащхьэ итлъхьэн хуейщ.
Зывмыущэху ди хэкурыс цIыхухэ. Лъэпкъыу дыкызщытенэжыФыну щыт щIыпIэр хэкуращ. Зауэрэ банэрэ хэмытыу дауэ ди цIыху хэкум етщIэлIэФынуми аращ дызэлэжын хуейр. Ди цIыхухэр пэжкIэ зэрыдгъэцIыхун хуейщ. ПэжкIэ, ди къэрукIэ зэрытхузэФIэкIыу гъуэгу дыздытехьэн хуейщ.
Маргъущ Везир
21.12.14
01:10

 

Bir cevap yazın