МИС МЫРАЩ

...

МИС МЫРАЩ

Мис мыр дыдэращ дэ дызхуэныкъуэнэр. Адыгэм и къэкIуэныр и хэкум зэр щыIэ гупщысэр ипэ идгъэщыу Адыгэм ипщэдейр хэкумкIэ зэр щалъыхъуэн зэр хуей гупщысэр ди цIыхухэм ягу итлъхьэу дунейм къытедгъэхьан хуейщ дыщIэ псомкIэ. Мис дыгъуэпщыхь Нэхущ Черим и консерт щекIуэкIащ Къайсери къалэм. НетIэ зэр жысIам хуэдэ къабзэу ди къэкIуэныр ди хэкум зэр щыIэ гупщысэр лъэщыу лъагъуэ къищIащ Нэхущым.

Ейым зиIэ ди Iуэху нахыщхьэр нобэмкIэ ди хэкурысхэмрэ ди хэхэсхэмрэ я зэпыщIэныгъэр лъэщ щIыуэ хэхэсымрэ хэкурысымрэ зыдаIыгъ зы гупщысэкIэ хэхэсым ягухэр хэкумкIэ гъэзэжынращ. Дызхуныкъуэ дыдэр ди зэпыщIэныгъэр лъэщ щIыуэ хэкум къинар пщэдеймкIэ Адыгэу къэнэн IуэхукIэ зэр нэхъ лъэщыр ипэ къидгъэщыу ди цIыхухэм яФIэщ дыщIижынращ. Хэкуншэу пщэдейыншэу зэрмыхъуныр ФIэщыгъэ дыщIын хуейщ. Хэт “си лъэпкъ” жиIэми ищIэн зыхуейр лъэпкъым пщэдей къыхуэзгъэщIэныу щыт зэпыщIэныгъэм дэIэпыкъунращ.

Хэти ищхьэ закъуэкIэ мы IуэхумкIэ хузэФIэкIын куэд щыIэщ. Чэрим зы нэрыбгэ закъуэу “си цIыху” жоуэ ежьати мис ипэ хэкум цIыхухэм ягухэр щызэпищIэри а зыпыщIэныгъэмкIэ мис хэхэсми къэсри цIыху куэдым ягур хэкум ирипхащ. Чэрим хуэдэ къэбзэу Чэрим игъусэу къэкIуа ди шыпхъу Марина и псэлъэ дэтхэнэри гум хэхьэу, гуп кIапсэ пищIэу ари хэкум езыпхижт. ПэмыщIуи хэхэсым ди Къайсери хасэм итхьэмадэри абы и дэIэпыкъуэгъухэри ящIа мы IуэхумкIэ хэкумрэ хэхэсымрэ лъэмыж хуэхъуахэщ.

ТхакIуэр тхэнущ дызэпищIэн щхьэ. УсакIуэр усэнурэ дэжьыунущ абы. Уэрэд жыIакуэм уэрэд жиIэнурэ гухэм икум щызридзэнущ кIапсэ хэкум пыщIар. ЕгъэджакIуэм Адыгэбзэм хуигъэпсынурэ цIыхухэр хэкум щыбзэФыну ищIынущ цIыхухэр. Спикерыр гум нэIусынущ Марина хуэдэуэ. НэIусынурэ къынигъэсынущ хэкум и гужьдэкIым и жьыр. КъэФакIуэм и нэгур хэкумкIэ игъэзэнурэ Iуэхъус ярихынущ ди едэшхуэхэм япсэм… Псоми къытлъыс гуэрхэр щIыэщ. ДиIэ IэщIагъэхэр зэрзытпыщIэжын IуэхумкIэ дыгъэсэбэпын хуейщ. ЗызэпытщIэжын хуейщ. Ди пщэдэйр хэкум щыхэсэн хуейщ. Мыбы цIыхухэр хуэдгъэпсыу ди хэкум зыхуэдгъэпсын хуейщ…

Маргъущ Везир

02.03.2015

21:54

Bir cevap yazın