ЛЪЭПКЪ IУЭХУМРЭ ЩХЬЭ IУЭХУМРЭ

...

ЛЪЭПКЪ IУЭХУМРЭ ЩХЬЭ IУЭХУМРЭ
Дызозауэ, дызошхыдэ загъэурэ лъэпкъым щхьэ лажьэ зигугъэ/зыӀэщӀ дэрхэр. Ди гум къезауэр щызкIэ, Iуэхур щы лъэпкъ IуэхукIэ ди щхьэм тхуэзгъэзауэр ипэ щидгъэщам дей лъэпкъым хуэтщIэФыну щытхэр иужь къидна дохури ди лъэпкъым екI ди сэбэпым нэхъри нэхъыбэкӀэ ди зэран йокIыр.

Лъэпкъым щхьэ дылажьэу щыжытIэкIэ дэ зым зым худиIэ губжьыр ипэ идгъэщыу дэр нэхъ нэхъыФ зыщIэФ щыIэкъым жытIэмэ ди гъуэгур захуэкъым. ЦIыхур и щхьэ закъуэу зы нэрыбгэщи и щхьэ закъуэкIэ дунейр хузегъэкIуэФкъым. Дэ дыщIэ Iуэхум ди щхьэ щхьэ пщIэ къыхэтхыныу яужь дохьэр ди губжьымрэ ди зэныкъуэкъуыныгъэмрэ ипэ идгъэщми лъэпкъ Iуэхури дыIэщIохур.

Зы Iуэхум хэпщIыкIыу зыри умыщIэ нэхрэ а Iуэхум цIыкIунитIэу зы къэру тебгъэкIуадэмэ ар нэхъыФIщ. Дэ Адыгэм дыздэщысым псори дощIэр. Къэру тегъэкIуэдэным къэсымэ псори докIуэтыкIыр. Зы Iуэхур гу къабзэкIэ къесхьэжьами а Iуэхум и унаФэр хуэтщIыурэ и щхьэр идогъэгъэужэури и Iуэхур недгъэгъэскъым. ТIанэи “Адыгэ Iуэху” жаIэмэ ящхъуэФэцыр теджыу къонэр мы цIыхухэм.

Адыгэ Iуэхур зигум илъыу Адыгэ Iуэхум къэру тезгъэкIуадэу ищхьэм ипщIэр ипэ изгъэщым Адыгэ Iуэхум хилъхьэн щыIэкъым. Ди жагъуэ зэрыхъущи мыпхуэдэ цIыху ди куэдщ. Адыгэ Iуэхур Iуэхушхуэщи ар щхьэ щытхъу Iуэхукъым. Ар зыдэIыгъын, зэдэхьын хуэй зы Iуэхущ. Ди къэрухэр лъэпкъ Iуэхум щыгъуэ зэхэтлъхьэу зым зым худиIэ губжьыр лъэпкъ Iуэхум хэдгъэкIын хуейщ. ЗымикI ищхьэр пыудкъым ауэ лъэпкъ Iуэхумрэ щхьэ Iуэхумрэ зэхэгъэкIын хуейщ.

12.03.15

Маргъущ Везир

Bir cevap yazın