Аращ Тıэ

...

Аращ Тıэ
ТхьэмыщкIэ защIэ зытщIижащ мы хэхэсым щыIэ Адыгэхэр дэ ди IэкIэ. Дигури дылэжьри зытемкIуэдэн хуейм тедгъэкIадэри абыи мыбыи дыщымыщыу дыкъэнажащ. Дигур зыдэдгъэзэн хуейм зэрыдмыгъэзам папщIэ Iуэху мыхъумыщIэхэм яужь диувэри дэ диIэкIэ ди сабийхэм ябзэри якъэкIуэнури яIэщIэтхащ. Нобэм ди Адыгагъэр Адыгэ Фащэрэ пыIэкIэрэ сурэт зытыредгъэхыу ар Фейсбук хуэдэ гупхэм щызугуэшыу ауэ адыгагъэр пэжкIэ зыФIэмIуэху зыгуэрэ дызэхэхъухьащ.
Ди лъэпкъым и къэкIуэным щхьэ лажьэу щыт ди цIыху мащIэм зыщIэзмыгъакъуэ, псэлъэнрэ зыкъэгъэлъэгъуэнрэ нэхъ зыри зимIуэху зыгуэрэу дызэкIуэкIащ. ИкIи щхьэ гъэбэтэн нэхъ димIуэхуу лъэпкъ Iуэхур зэрыдгъэкIуэтэн Iуэхур тщыгъупщащ. Дызыхэс лъэпкъхэм яхуэтщIэ Iуэхум къел зэманхэм загъэурэ дызэрадыгэр дигу къэдгъэкIащ. Хэкур дыздэщысым дыщысыу куэдрэ мамыр дыщIащ. Хэкум накIуэ дизныкъуэри лъэпкъ димыIуэхуу хэкурысхэм ятеттхъуащ. Хэкум нахъри ди цIыхухэм ягухэр къыпыттхъащ.
Урысхэм дарибийуэ жытIэурэ дзэшхуэхэр зэдгъэпэщри урысхэр зэтеткъутэурэ хэкур щхьэхуит ФхуэтщIащ. ДипщIэнтIэпс щынэсын щыхуейм дей лъэпкъ IуэхумкIэ дипхэмкIэ дыкъикIуэтижащ. Дызыхэсхэм Фıыуэ зыкъадгъалъагъун щхьэ жыIащIэрэ жыIэдаIуэрэ дызэхэхъухьащ. IисламымкIэ, ди гупщысэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ куэдрэ хэкур къыФхуедгъэлащ. УнаФэрэ псалъэкIэ куэдрэ батэ дыгъашащ. ПцIы нэхъ димыIуэхуу Фıыуэ дыупсри ари ди лъэпкъым ипщэдейм кIуэцIытсащ. Мис мыращ дызытетыр ди нэхъыбэр.
Пэжыр хьэФиз хъуа ди хэхэсым инэм щIэсэн хуейщ. Джэгурэ нэ къыраху зэржаIэм хуэдэу мыбы Iэгурэ-джэгурэ нэхъ димыIуэхуу динэр диIэкIэ къитхуижащ. Лъэпкъ IуэхумкIэ нэФ хьэФизрэ, дэгурэ дызэхэхъухьащ. Дызхуэубзэжыурэ адыгагъэр бзыуэ дыIэщIэлъэтыкIри ежьэжащ. IэФI зыхэмылъ шыпсым хуэдэу дызыхэсым дахэшыпшыхьащ.
Ауэ мащIэми дыхэтщ. Зигурэ зипсэрэ хэкумкIэ нэгъэза цIыхухэри. Нобэ къэру къыдэзытри, дигур къэзгъэгуФIэри мис ахэращ. Ахэр зыхуэпэбгъам хущIэгъэхьэнращ сэр хуэдэхэм я гугъэ къудейри. УицIэр Адыгэ къудейкIэ Адыэм ипщэдейм щхьэ зыри умыщIэмэ абы къикI щыIэкъым. Лъэпкъхэм зыри дымгъэбийуэ ди Iуэху деплъижын хуейщ. Дыгъуасэм къытщыщIар икIи зыщыдгъэгъупщэнукъым икIийи ди нобэмрэ дипщэдеймрэ дыхуэлэжьэнущ. Лъэпкъыу лъэщ зытщIижынумэ ди дуней еплъыкIэхэр хэтедгъэхуэнурэ ар зыдэдIэтынущ.
Хэкурысхэм благъэкIахэр зымыщIэу къавэ къэпщтхэм Iуэху худиIэкъым. Хэкум зы Iэбжьыб нэхъ къимына ди цIыхухэм яхузФIэкIам из хьэдзэ зыхузФIэмыкIыу хэкум акъыл езытхэм псэлъэнуи напэ яIэкъым. Хэт хэхэсыу ипщIэнтIэпс хэкум щхьэ иригъэжэхми а къудейхэращ щIыхь зыхуыдиIэри. Хэкур хэт иIыгъми хэкум хэт щызэрыIыгъын игугъэми а къудейхэращ къытхуэнэжар.
Мыбы нобэрей ди хьэлымкIэ икIи адыгэи дыхъуижыФынкъым икIи хэкуми дыщхьэпэнкъым. Е дищхьэ акъыл къыригъэхьэныу мыхъумыщIэм дыхуэзэнущ е гурыIэIуапхъэр ягурыдгъэIуэнурэ дакIэрыкIижынущ. Ди гъусэ зызыщIхэм дадэгъуэгурыкIуэнущ. Ауэ гугъэри дыIэщIэкIыпакъым.
Маргъущ Везир
18.06.15
23:48

Bir cevap yazın