ÇÖZÜLMESİ GEREKEN EN ÖNCELİKLİ SORUNUMUZ

...

ÇÖZÜLMESİ GEREKEN EN ÖNCELİKLİ SORUNUMUZ
БЗЫЛЪХУГЪЭРАЩ ДИ ГЪУАЗЭР
Бзылъхугъэр Адыгэ Iуэхум ипэ идмыгъэщижым икIи дыкIуэтэнукъым икIи дыIуэтэнукъым. Бзэри, гъэсэныгъэри зыIэщIэлъыр бзылъхугъэращ. Лъэпкъым и пщэдейм и IункIыбзэри зыIэщIэлъыр бзылъхугъэращ.
Адыгэуэ Адыгагъэм и IэФIыгъэ зыIухуа сэр хуэдэхэр дыжейми, дыкъэтэджми, сыт Iуэху яужь дитыми Адыгэм и пщэдейм щхьэ зыгуэр тщIэФыну пIэрэ жоуэ жэщи, махуи зыдоукIижыр. Жэщи махуи зыгуэрхэм яужь дитщ мы Iуэхум щхьэ. ИкIи зыгуэрхэри утыку къыдолъхьэ ауэ лъэпкъыр дыгъэкIуэтэФкъым ипэкIэ. Ди бынхэм АдыгэцIэхэр яФIыдощ, додауэ, дозауэ ауэ хъукъым. Ди щIэблэри, ди хабзэри махуэ къэскIэ тФIокIуэд.
Щэхуу ди бзылъхугъэу ди пщэдейр зэпхахэм я зы ныкъуэм дащIэдэIумэ жаIэ куэдыр гурымыхьрэ хуэмыФащэщ. “Адыгэхэр зыкIи ФIыкъым. Сыт хуэдиз уапэжыжэми уэркIэ нэхъыФIщ./ Дэдейхэм нэхъ цIапIэ щыIэкъым./ Зэр Адыгэр зэрысщIэм щхьэ пэжыжэу сыщытщ. /Хамэ гъунэгъухэр нэхъыФIщ. / Дэдейхэм я жьэм къыпхумхьын щыIэ./ Адыгагъэм сыт къытхуихьыну!/ фыкIэрыкI Адыгэбзэми инджылизыбзэ явгъащIэ цIыкIухэм. /Анна, сыту ФIы хъуа къуажэм сыкъызэрдэкIар, сыIуэтэжащ. Сэ дауэ мыхэм садэпсоуа! /Алыхь, Адыгэмэ ФIы къыпомхын….” Хуэдэрэ нэхъыкIэрэ куэд къэжьэдоукIрыкI ди бзылъхугъэм.
Ипэ ди бзылъхугъэм гу лъегъэтэжын хуейщ лъэпкъым и къэкIуэныр зэраIэщIэлъыр. Ахэр хасэхэми тщIэн хуей Iуэхухэми я гупщысэкIэ ди Iуэхум итхьэмадэ тщIижын хуейщ. Унагъуэр зэрщыту Адыгэ Iуэхум хэшэу ар пщэдейм Адыгэу къызэтегъэнэным и гъуэгур бзылъхугъэр ипэ игъэщижынращ зэпхар. Дэ сыт хуэдихуи дэгъугъуэу дыгупщысэмикI абы хулъхугъэу псэ хэлъхьэн Iуэхур тхузэФIкIкъым.
Ди бзылъхугъэр Адыгэ гупщысэкIэ къэдгъэунэхуижу ди Iуэхур ипIэ игъувэжын хуейщ. Ахэм яIэу щыт къэрурм гу лъадгъэтэжу я къэрур гъэщIэ зэхъуэкIыныгъэкIэ дыгъэсэбэпын хуейщ. Хулъхугъэр лъэщрэ Iущым гъащIэр лъэщрэ Iущу зэрихъуэкIыФкъым. ГъэщIэр лъэщрэ Iущ зыщIыр бзылъхугъэм и къэруращ. Ди бзылъхугъэм губзыгъагъэрэ Адыгэ еплъыкIэкIэрэ зыкъагъэIэтижын хуейщ. Адыгэм и пщэдейр зыбзынури ар хуэФащэ Адыгэ Фащэуэ лъэпкъым щезгъэтэгъанури бзылъхугъэращ. Адыгэ бзылъхугъэр Адыгэ псэукIэм зэри дэрбзэрым гу лъыттэжын хуейщ. Бзылъхугъэм дэрбзэрын щIэныгъэм щыгъэгъуэзэжын хуейщ.
Ди нахъыбэр хасэхэми Адыгэ Iуэхуми ди бзылъхугъэхэм къэФIэддыгъу зэманымкIэ долэжьыр. Ди бынхэм адыгэцIэхэр яФIыдощыр ауэ къэдлэжь Iуэхугъуэр ди гъащIэм тхухэлъхьэкъым икIи адыгэцIэ зыФIэтща ди бынхэри адыгэ тхуэгъэхъукъым. Аращи бзылъхугъэр лъэпкъым зэригъэсакIуэр ди Iэпэдэгъэлэлщ псэуми. Ахэм я къэру дэ тхэмылъымкIэ лъэпкъыр тхуэгъэкIуатэкъым. Догупщысэ, зыдоФыщIиж ауэ лъэпкъыр зыми къедгъэлыФкъым.
Унэм зыщыгъаси хасэм кIуэ жаIэ Адыгэм. Унэм щIэсыр зыгъэпсынур бзылъхугъэращ. Адыгэгури Адыгэ еплъыкIэри гъащIэм хэгъувэжынуым и гъуэгъур ди бзылъхугъэр ди гъуазэ хъуижыным епхащ.
Маргъущ Везир
16.06.16
22:48

Bir cevap yazın