НАПЭ

...

НАПЭ
Узыхэхьэм закъыхэумгъэщ
ЖэIэ Адыгэ псалъэжьым.
Дызыхэсым захэдгъэгъуащэурэ
Дыхъуащ ахэм дакъыхэмыщ.
Задгъэщхьурэ дыщыгъупщащ,
ДызыIисыр дыгъэкIуэдащ.
ДыIэщIэхуащ дэ ди хабзэр
Зыдущэхуащ, ди фэр пихуащ…
Узыхэхьэм узхимыщIэм
Уахэмгъуащэ закъыхэгъэщ
УмыпIэнкIыу зыкъэIэти
УзыIисыр ипэ игъэщ!
У Адыгэщ умыгъуащэ
Уахэмгъуащэ уищхьэр къэIэт
Адыгагъэр уи нып лъапIэщ
Уи напэщ ар лъагэу къэIэт!

17.05.2017
Маргъущ Везир
21:48

Bir cevap yazın