ЗЫДЫУЩЭХУНУКЪЫМ

...

<<<  https://adygabza.ru/quday Линкым фэплъ>>>

ЗЫДЫУЩЭХУНУКЪЫМ
Зывмыущэху Адыгэ. Адыгэу дунейм дытетынумэ ди гумрэ ди псэмрэ къеIэхэм дыпэувын хуейщ. Дэ Хэкумрэ бзэрэ димыIэжмэ, лъэхъанэм къыдекIу адыгэ хабзэкIэ дунейм дытемытмэ ныбэрэ-бэкъурэ щхьэ псэу, зыдыхуейм ирагъэз, зищхьэ зиIэмыщIэ имлъиж роботхэу, хьэдэ жадэ къэплъэ-нэфхэу дунейм дытетынущ.
ЦIыхур зэрхъун хуейм икIыу пэмыщI зыгуэрэ зэрыхъун гъуэгум техьамэ абы нэхъ цIыхухэм зи лей екIыфын шынагъуэ псэущхьэ щыIэкъым. Абы щхьэщ демократия щIызытIэр, абы щхьэщ лъэпкъхэр мыкIуэдыну къызэтенэн хуейщ щIыжытIэр, абы щхъэщ цIыхур щхьэхуитыу и гъуэгу къыхихын хуейщ щIыжытIэр.
Мис хэхэсым Адыгэ щIэблэ куэд исщ бзэи, хабзэи ямыIэжу, дэнэкIэ уекъуми абыкIэ пшэфхэу, дэнэ экстремисту сыт щыIэми ахэм я пашэхэу, зэрыадыгэхэри яфIэмIуэхуижу, ящхьэрэ ягупщысэрэ ягъэкIуэдауэ. Я цIэхэр Адыгэу я лэжьыгъэр я ныбэрэ я бэкъурэу щытхэр дэр нэмыщIкIэи хэт щхьэи щхьэпэншэу щхьэгъэузхэщ…
ПщIэнтIэпсхэр зэхэгъажьэу псыхъуэшхуэу Хэкум и къэкIуэным щхъэ гъэжэн хуейщ. АбыкIэ бзэми хабзэми зыхуэныкъуэ псыр псэуэ хэлъхьэн хуейщ. Лъэпкъыу дызэтезIыгъэнур зэкъуэтныгъэм и къэрущ. ЦIыхугъэр щIым къызэртехъуэрэ дызыпIа, ди уна ди хэкум, хуэфащэм дытеувэжмэ икIи дипIынщ, икIи ди унэу тщыпсэунщ.
Урыс къэралыгъуэм къэралыгъуэ къэрукIэ <<ди нобэ Iей>>р къыщытхуихьакIэ къэралыгъуэ къэрукIэ дыIихар ипIэ иригъувэжынри и пщэдэлъщ. Зыдущэхунукъым. Бзэрэ лъэпкъ хабзэрэ къэралыгъэ къэрукIэ дунейм телъэщIыкIыныр <<културэ геноцид>>щи мыбы лъэщу пэувын, макъ инкIэ дэни щыгъэIун хуейщ. Дгъуасэ ди адэжьхэм я жьауэр хэкум тезылъэщIыкIахэм ахэм я лъэужьу къытхуагъэна ди бзэмрэ ди хабзэмрэ хуагугъэр яхуэддэкъым.
Маргъущ Везир
15.01.18
19:27

Bir cevap yazın