ДУНЕЙПСО АДЫГЭ ХАСЭМ И ЗЭIУЩIЭ ЩЫIЭЩ

ДУНЕЙПСО АДЫГЭ ХАСЭМ И ЗЭIУЩIЭ ЩЫIЭЩ

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и хасэ псом я зэIущIэшхуэ екIуэкIынущ. Ауэ ирамIуэнтIэкIыу къырамIуэнтIэкIыу пэжым тетыу унаФэ къэщтэн хуейщ.

Хасэр зыхуэгъэзар лъэпкъ Iуэхущи, лъэпкъым и къэкIуэным хуэФащэу унаФэхэр къищтэн хуейщ. Лъэпкъым щагъапщкIуурэ хасэ Iуэху къекIуэкIыркъым. Лъэпкъым и Iуэху гугъухэр зэманым екIу зы политикакIэ гъазэщIэныр хасэм ипщэдэлщ. Хасэм иджыр къэс зыхэта щыуагъэр игъэIылъыу цIыхухэр зыщигъэгугъуижыФмэ мис апщыгъуэм деж ар лъэпкъ псэум я хасэ хъунурэ хасэм цIыхухэм япщэдэлъ ищIыну Iуэхухэр цIыхухэм ирагъэкIуэкIыу щIадзэнущ.

Дэр мыхъуамэ зыгуэрэхэр къэгубжынурэ лъэпкъыр хэкум щыдакъузэнущ жаIэурэ Адыгэ Iуэхур Iэпэдэгъэлэл язгъащIа гупщысэр зезыхуэхэр хасэми, зэман дызэрытми екIуижхэкъым. А къэгубжьын ФıагъащIа урысхэми дэр мыхъумэ Iекстремистхэр куэд хъунущ жыраIат мы зигугъу сыщIхэм. Лъэпкъ Iуэхур шынэрэ, гъэпщкIуакIэрэ зекIуэкъым. Мыхэр акъыл Iуэхущ.

Зэманым къихьар аращи Урыс лъэпкъымрэ Адыгэ лъэпкъымрэ зэгурыIуэн хуейщ. Мы зэгурыIуэн щIыхуей щытыкIэр къэзгъэлъагъуэ Iуэхугъуэ куэд щокIуэкI нобэ дунейм. Адыгэм ящхьэ къырикIуа Iуэху бзаджэм къыбгъэдэкIыу дунейм ипхъыхьауэ тетхэщ. Адыгэр зэкIуэкIыу хэшыпсыхьыхукIэ зыи Урыс къэралыгъуэм Адыгэ Iуэхур зыгуэрэм зэрримыпхам щхьэ пщэдей а хэшыпсыхьа Адыгэхэр Iехстремистхэу Урыс къэралыгъуэм ирагъэзэрыхьынущ. Хэкури, Урысри текIуэдэнущ мыбы. Нобэ Адыгэ гэносидыр къэхъуауэ зылъыта къэралыгъуэмрэ, къэхъуауэ зылъытэну щыт къэралыгъуэхэм уаплъымэ Америкэм зэрриIуэхур къыбгуроIуэ. Дэ Фıыгъэ къытхуахьыну, Фıыуэ дыкъалъагъуу аракъым.

Урысым Адыгэм къащыщIа Iуэхур игъэзэщIэжынущ. Дыгъуасэ Балкъархэмрэ Къарэшейхэмрэ ер зэригъэзэщIэжам хуэдэу. ЗэФIыныгъэмрэ, зэдэлэжьыныгъэмрэ хуэгъэзауэ Адыгэ Iуэхур Урысми, Адыгэми къэщхьэпэну зэрыгъэзэщIэжын Iуэхум гъуэгу къыхуэгъуэту абы Адыгэр къытешэнращ ДАХым ипщэдэлъыр.

Сабий къэгъапцIэ хуэдэу дэ щхьэхуэ, адрейм щхьэхуэ жэзыIэу псалъэкIэ батэ зыгъэшхэм дахуейкъым. Хэкур лэжьыгъэрэ, пщIэнтIэпскIэрэ мамыр щIын щхьэ Адыгэу хэхэсым исхэр дауэ хэку гъуэгум къытегъэхьэн хуейми аращ хасэм ипщэдэлъыр.

ДАХым хэкумрэ хэхэсымрэ зэпищIэжын хуейщ. Тıури пэжым тетыу зыригъэцIыхун хуейщ. Лъэпкъым и къэрур хэкум хуигъэзэн хуейщ. Урысхэмрэ Адыгэхэмрэ зэФIыныгъэмрэ пэжыныгъэмрэ тету зэгуригъэIуэжын хуейщ. Адыгэ хэкур пщIэнтIэпскIэ ягъаФыу, гуФIэгъуэм и къаФэр щекIуэкI щIы хъун мурадым хущIэкъун хуейщ хасэр.

14.09.15

Маргъущ Везир

25:55