ХЭКУРЫСХЭМ СЫТ ФИГУ КЪЫТХУИЛЪХЭР

...

ХЭКУРЫСХЭМ СЫТ ФИГУ КЪЫТХУИЛЪХЭР
Хъуащ илъэсищэрэ ныкъуэрэ дызэрзэбйырыхурэ. АтIкIэ мыткIэ дикъуыхьащ дунейм. фэ махуэ къэс сыт щыгъуэ къэкIуэжынухэ жоуэ куэдрэ Фыкъытпэплъащ, дэри ди хэкур дигухэм щыдгъэкIащ. фэ хэкур дэркIэ лъэIэсэгъу зэрыхъуу дынэкIуэжынкIэ Фыгугъэт. Дэри дипщIэнтIэпс зынэмса ди хэкур езыр езырыурэ къызэФIэувауэ дэр нэхъ зыхуэныкъуэж щымыIэ тФIэщIт. Хэкур жэнэтыу абы щхьэ дымылажьэу занщIэу а жанатыр дэдеиж тФIэщIт.
Ауэ пэжымрэ Iуэщхъумрэ дыФIызэхэзэрыхьат псоми. фэ гукIэ, псэкIэ Фыкъытхуэпэбгъат. Хэкум тхуэФащэу дытепсоухьын щхьэ ди цIыхум ябжыгъэр куэд зэрхъун хуейм къыбгъэдэкIыу хэкум ибынэгъу Фи къуэшхэм я къэгъэзэжыным Фи пщэдей пщIыхьыу хъуари еФпхат. Дэри дыщыпсо къэралыгъуэхэм ди гъащIэхэмкIэ дызлъэмIэсхэр хэку гупщысэкIэ щIэтхъумащ. Хэкур лъэIэсэгъу хъуа нэужь Фи къуэшхэми зынагъэзэжакъым, Фикъуэшхэми хэку яIуэхутэкъым зэраФIэщIам хуэдэу.
Хэкум щхьэ зипсэр зытахэм тIэ япсэ ятахэр лIо щIатар? Зи хэку хуэмеиж дэра щIатар(хэхэсхэм)? Ди хэкум щхьэ нобэ къэс пэжыу зыри щытхуызэФIэмкIакIэ апщыгъуэ зыкъэдгъэпцIэжрэ хэхэсхэм? Уэ ди хэкурыс ди лъэпIкъуэгъухэ, зи гур хэкумкIэ нэгъэзауэ Адыгэ лъэпкъым и къэкIуэныр хэкум зэррепхар зыщIэ хэхэс куэди щыIэщ. Ауэ мы зигуыгъу тщIахэм я нахъыбэм зэФIэкI яIэкъым, икIи ди хэхэсхэр хэкур пэжым цыт иIисми езмыгъэщIэу щызгъауэрэ зыгъэхьэулейрэи ди куэдщ. Абы щыхьэ хэкурыс ди цIыхухэмрэ, хэхэсыу хэкум зигу нэгъэзахэр пэжым тетыу зэрыгъэцIыхун хуейщ. Хэкурысым игу иудамрэ, хэхэсымкIэ игъэкIа гупщысэхэр игъэIылъыу пэжым къигъэлъагъуэ гъуэгум техьэн хуейщ. Хэкум пщэдей диIэу дыщыпсоуФын щхьэ цIыху бжыгъэкIэ куэд дыхъун хуейщ. Ауэ хуейщ жытIэкIэ мыр хъуыкъым.
Лъэныкъуитри дытIысыу дызхуэныкъуэмкIэ дызгурыIуэн хуейщ псом япэ. Лъэпкъым ипщэдеймкIе зигу ныкъуэ лъэныкъуитым зэдаIыгъын хуейщ щIэн хуейр. Дэ хэхэсым кIуэдижыгъуэм дынэсыу щыщIэддзэм къыдгурыIуар аращи нобэ къэс дыхъума гупщысэхэр щIым теувэкъым. Хэкури, хэкурысри пэжым тетыу дыщIэркъым. Хэхэс ди цIыхуу хъуари къедгъэлыныуи зы амал диIэкъым. Хэкум зигу гъэзахэм щыщ хэт нэдгъэкIуэжыФми аращ Адыгэм пщэдейуэ къыхуэнэнур. Абы щхьэ хэкум IэщIагъэ зиIэу абы щхьэпэнхэм бжэр зыгуэрыурэ яхуыIухын хуейщ. Хэкур хамэм къыщагупщыса гупщысэракъым зыгъэкIуэтэнур. Хэкурыс ди лъэпкъэгъухэ, Фэри щIым темыувэ Фи гупщысэхэр ФыгъэтIылъ. фи къуэшыу хъуари некIуэлIэжынукъым. Пэжым теувэ нобэрей дуней еплъыкIэкIэ Феплъ ди Iуэхум. ИкIи мыр зыщывмыгъэгъупщэ, хэкум Iуэху IэнатIэу хъуами щхьэхуэу хуеджа/хухэха цIыхухэм я Iуэхум зыри хагъэпсалъэкъым. Мыбы къыбгъэдэкIыу “лъэпкъ Iуэхур дэ ди IэнатIэщ.” жызыIэурэ лъэпкъ IуэхукIэ Фщызгъауэ щыкIуэдщ хэкум. А цIыхухэм иджыри къэс ФызэтыраIыгъащ, Фыщагъауащ. Абы щхьэ тIумкIи хэкумрэ хэхэсымрэ дызэпащIэ къыдФIагъэщыурэ нэхъри жыжэ дызщIахэр жыжэ зыпэтщIын хуейщ.
Аращи хэкурысыу зыми хэмзэрыхъыу Адыгэ Iуэхур зыгуэрэхэм ягъэкIуатэ зыФIэщI ди лъэпкъэгъухэ, ди Iуэхур зыкIи кIуэтакъым нобэ къэс. фэ ФигукIи ФипсэкIи дэ ФIыуэ дыкъыволъагъур. Хэкуми дынэкIуэжыну Фыхуейщ. Лъэпкъ Iуэхур зипщэ зыдэФлъхьахэм я нахъыбэм хэкуи лъэпкъи яФIэIуэхукъым, Фагъажейр. Лъэпкъ Iуэхур Фэ зыIэщIэФлъхьэж. Ди лъэпкъым ипщэдейр дыФIадыгъур. Хэхэсри хэкурысри зауэи банэи хэмылъыу яхэку ягъэкIуэтэн нэхъ зыри хуейкъым пэжым. Ауэ дитхьэкIумэхэм пцIыкIэ къиIущащэхэр куэдщ. Ахэм лъэпкъри хэкури ФIыуэ ялъагъу зытФIагъэщIыр. Дагъабэлэрыгъащ. Дывмыгъэбэлэрыгъ. Дыбэлэрыгъмэ пщэдей диIэнукъым.
Маргъущ Везир
03.11.2014
21:34
http://margusvezir.net

Bir cevap yazın