ЛЪЭПКЪ

...

ЛЪЭПКЪ

Пкъырыпкъ дыхъури дызэпкъырылъэлъащ лъэпкъыр. Ипэ ди гупщысэр дигухэм зыпкъыу зэФIэгъувэжын тIанэи лъэпкъыр зыпкъыу хэкум щIызэФIэгъувэжын хуейщ. Ныкъуэ дыкъуэу аткIэ мыткIэ щыпсо дипкъым къытхуилэжын щыIэкъым. дыщыхъуижын сымэджэщыр ди хэкуращ.

Нобэ къэс хэхэсымрэ хэкурысымрэ зым зым зэхуэпэбгъа къудейщ нахъ зыпкъым зэрри Iэпкълъэпкъым гу лъатэу мыбы теухуауэ зыри ящIакъым. Хэхэсым икIыр ФIыуэ ягъэхьащIащ, ауэ езыхэри къакIуэу япкъым щыщым и хьэл пэжыр зырагъащIакъым. Пкъым къыпыупщIа пкъым щыщыр пкъым пыкIэжыФын щхьэ ар щыпыдэжын щыхуей зэман щыIэу ар зэрФIэкIыу пкъым зэрримдэжым хуэдэщ дэ ди Iуэхур. Хэхэсыр хэкум щыIэ лъэпкъым къыпыупщIа пыупщIагъащи ар пыдэжын щыхуей зэманыр иухыгъуэм нэсыным куэд иIэжкъым. Хэкур сымэджэщыу жысIат. Хэкум щыдгъэхъуижыну щыт ди пкъым щIэхыу нэгъасижын хуейщ ипкъым щыщхэр. Нэдмыгъэсижыу щытмэ нэмсижахэр щхьэхуэу зыпкъ хъуижыФынукъыми икIи Фынухэрэ хэкIуэдэжынухэщ. Хэкум щыIэ пкъыри ныкъуэ дыкъуэу къанэуэ щытми игур тэмэму щытмэ ныкъуагъэ дыкъуагъэ зимыIэ щIэблэ къыщыщIэхъуэжынущ хэкум.

Ди лъэпкъым хабзэ дахэу дунейм къытеувэФыну къару зыхэлъ гупщысэ Iэджэ иIэщ лъэпкъым ипщэдейр зэФIигъувэжыФыну. Ипэ хабзэр къэзгъащIэну щыт ди гупщысэхэр макъкIэ къыжытIэн хуэйщ. Макъыр лъэпкъым псом ятхьэкIумэм иIуа нэужь лIэпкъкIэ иунаФэр щIыуэ абы Фэ къытедгъэуэн хуейщ. Аращи хабзэу дунейм къытедгъэпсэн хуей гупщысэхэр. Ныджы щыщIэдзау инурэ къыжытIэу ар къагъэщIэным и гъуэгум техьэн хуейщ.

фыкъэблагъэ псори. Лэпкъ зэпкъырылъэлъар псо дыщIижын щхьэ иIэ маржэ!

Маргъущ Везир

07.11.14

22:11

Bir cevap yazın