ЛАТИНИСТ ЧЫШЫМ ТЕСХЭ

...

ЛАТИНИСТ ЧЫШЫМ ТЕСХЭ

Хэти сыт жырреIэ, адыгэ лъэпкъым зыщыщихъумэжыФынури, лъэпкъыу пщэдейм нэзгъэсынури и хэкуращ. Абы щхьэ хэхэсым щыIэ адыгэхэм ягумрэ ящхьэмрэ хэкум къэгъэзэн хуейщ. Адыгэ лъэпкъыр пкъыуэ унэ щыхъуижынур зэр хэкум щхьэ хэкум унэу къыщырагъажьам сыт диIэми абы ехьэлIэн абы егъэкIуу дэщIеин хуейщ унэр.
Адыгэ хэкурысхэм хэхэсымкIэ гугъэшхуэхэр яIэ щхьэ а гугъэхэр щIым къытегъэхъуэныр гугъущ. Ди гугъэхэм я нахъыбэр пщIыхьэпIэщ. Псоми пщIыхьэпIэр нэхъ тынш къызэрытщыхъум щхьэ мыр зи Iуэху къекIухэр нобэ къэс тIыншу дыжеин щхьэ къыддэIэпыкъуахэщ. Нобэ Латин тхыкIэр хэхэсым къащтэмэ куэдым къырагъэлыну жызыIэ гуэрхэр утыку къизэрыхьахэщ. Мы цIхухэр нетIэ зигугъу тщIа жей куум нэхъ зыми дэIэпыкъукъым. Хэкурысыу гу къэбзэкIэ лъэпкъым щхьэпэн Iуэху иужь ит ди щIэныгъэлI куэди “лъэпкъыр мыбыкIэ дыгъэкIуэтэнущ” жоуэ утыку къихьахэм щагъауэр.
Хэкурысхэм мыр зыррагъащIэ, хэхэсыр Фэ Фызэрегупщысыу нэкIуэжынукъым. Ахэм я нахъыбэр хэхэсым хэшыпсыхьынурэ хэкIуэдэжынухэщ. Хэкум сыт щыдиIэми абы тетлъхьэращ къытхуэнэжынур. Мыр икIи бзэщ, икIи хабзэщ, икIи цIыху бжыгъэщ.
Хэхэсым нобэ къэс батэ ягъэшащ. Нобэ Латин жоуэ ежьахэм хэкум щызэтетлъхьэу пщэдейм къытхуэнэжынум хагъэхъуэн щыIэкъым. ящIэ Iуэхум куэд зэтырикъутэнущ. Ахэм ящIэхэр зыщытхъумэжыФыну щыт хэкуракъым зыхуэгъэзар. Тыркум щырагъэкIуэкIа зэхуэсыми и гъэIум щыжаIа “нобэм и технологияр адыгэбзэм къыхуэдгъэсэбэпын щхьэ дызэхуос” жаIа щхьэ я гугъэр зэхуэсым иухыгъуэм ягъэIуам диубыдкъым. Аращи лъэпкъыр зыщIыпIэ зымышэну щыт чышым езгъэшэсхэм Фыхуэсакъ.
Маргъущ Везир
30.11.2014
23:19

Bir cevap yazın