УРЫСХЭМ ХУЭГЪЭЗАЩ

...

УРЫСХЭМ ХУЭГЪЭЗАЩ

фыкъэдаIуэ Урысхэ, хэхэс Адыгэхэм(Черкесхэм) къэбгэдэкӏ псалъэхэрщ мыхэр, 

Дэ хэкум пэжыжэ Адыгэхэр хэкум дес. Ар къысыхэкIыр хэкуншагъэращ. Фэри Адыгэ хэкум фисынущ, мыри къызыхэкIынур Адыгэу дунейм тетым я хэкумкIэ я гугъэр щагъакIуэдын щытыкIэм щиувэну лъэхъанращ. Дэ нобэ дызысыр пщэдей фи къэралыгъуэм мафIэу несынущ.

Зи гугъэр зыгъэкIуэда цIыхур сытымкIи ебгъэзэфынущ. Гугъэншэ цIыхум ищхьэм сытри ибгъэзэрыхьыфынурэ езым имыщIэхэу узыхуей Iуэхум хуэбгъэзэфынущ. Адыгэм игу сыр гугъэр щиухам деж и пкъым щIидзэнурэ зыри фӏэмIуэхуижыуэ мафIэ зэщIэнамкIэ езыри, жэгъуэгъуу илъагъури зыдигъэсынущ. Адыгэми Урысыми щIэнэну мы мафIэм Адыгэри Урысыри исынущ. Мыр АдыгэмкIи УрысымкIи зэрмыщхьэпэр нахуэу ди пащхьэ итщ.

МафIэмIэ ухуеймэ сытри зэхэбгъэсхьэнщи зэтекъутэ пщIынщ. А мафӏэ дыдэмкIэ ухуеймэ гъущIыр быгъэткIунщи Iэмэпсымэ ирипщIынщ. Дэ мы мэфIэсыу диIэмкIэ дыхуеймэ тIумкIи зыдгъэсижынщ, дыхуеймэ ныджыр къэскIэ ди зэхуаку къыдэхъухьау щытхэр иридгъэткIунщи Iэмэпсымэу дыгъэсэбэпынщ.

Адыгэмрэ Урысымрэ я жэгъуэгъугъэм Адыгэми Урысыми къахуихьын щыIэжкъым. МафIэ къэлыдар щымуфIынкIынукIэ ар гъэсэбэпын хуейщ. МафIэ къэлыдар зыдыгъуу ар къыдэздзынухэм бэуапIэ яттын хуейкъым. МафIэр зэ и пIэм дыфIикIымэ ар фэри дэри тхуэгъэукIыфIижынукъым. ФыкъакIуэ ди зэхуакIу къыдэхъухьахэр иридывгъэгъэткIу мы мафIэм. Мамырыгъэу, зэфIыныгъэу, щIыхьыу, дэхагъэу Iэмэпсымэ къыхэдывгъэщIыкI. МафIэ кIуэцIкIэ сыр ункIыфIа пфIэщIкIэ ункIыфIкъым. МафIэр къызэщIэблэжащ аргуэру. МафIэр фыгъэукIыфIыфынкIэ фымгугъэ мызгъуэгум… Пхъэ куэд унэгъуу къагъэIылъащ мызгъуэгум. Хуэмурэ пхъэмкIэ макIуэ мафIэсыр. Пхъэ къесхьэлIахэри дэхьэшхыурэ къыдоплъхэр.

Аращи, Адыгэр фэ, зыдыхэсхэм хэшыпсыхьмэ Iуэхур уха фыфIэмыщI. Адыгэр хэшыпсыхьмэщ Iуэхур фэркIи дэркIи щыIейр. Апщыгъуэм дей Адыгэм мырат къыващIар жызыIэхэр утыку къизэрыхьынурэ Адыгэхэм я щхьэр зэрхуейуэ из ящIынущ. Тıанэи, фэ фижыIэкIэмкIэ вахьабистхэр, радикалхэр, националистхэр фэ къывбгъурыт фи жэгъуэгъу къэралыгъуэхэм зэуакIуэу щагъэсэнурэ нетIэ зигугъу сыщIа мафIэм тIумкIи дырагъэсынущ.

Апщыгъуэ, Адыгэ хэкум ирахуахэм я Iуэхур зыщIыпIэ епхын хуейщ. ЛъэныкъуиткIэ зэгурыIуэн хуейщ. Адыгэ лъэпкъыми Урыс лъэпкъыми я къэкIуэнум зэран зэрмыхуэхъун зы гъуэгу тэгъэувэн хуейщ мы Iуэхур. Пэжщ, мафIэ дэтщ ди зэхуакум ауэ мафIэр мамырыгъэ ӏэмэпсымэкӏэ гъэсэбэпын къэрури тIумкIи ди IэмыщIэ илъщ. 

Маргъущ Везир

23.08.15

01:12

 

Bir cevap yazın