ЛЪЭПКЪЫМ И ПЩЭДЕЙР ЗЭПХАР

...

ЛЪЭПКЪЫМ И ПЩЭДЕЙР ЗЭПХАР
Лъэпкъ Iуэхур нэрыбгэ закъуэм хузэФIэкIтэмэ абы и цIэр лъэпкъ Iуэху хъунтэкъым. Лъэпкъыр зы плъэкIэ зиIэ нэрыбгэхэм къахэхъукI зы щыIагъэщ. Дэ нобэм дуней псэум текъухьа Адыгэхэм зэдэдыубыд зы плъэкIэ зэрыдимыIэм щхьэ кIуэдижыгъуэм дытехьащ нахъыбэр. Дэ диIа зэдеплъыкIэр зыгъабзэу щыта ди бзэр, ди хабзэр щIытФIэкIуэдыр зы еплъыкIэкIэ дуней екIуэкIыкIэм дызэремыплъым къыхокI. ЕплъыкIэр гугъэщ, еплъыкIэр гъуэгущ. Зы еплъыкIэ зэрыдимIэжым щхьэ лъэпкъ дызщIижын гугъэри, лъэпкъыу гъащIэ гъуэгум тетыныгъэри догъэкIуэдыр. Лъэпкъыр пщэдейм зыхьын еплъыкIэ зиIэ нэрыбгэм и гупщысэр лъэпкъым зы унэ дырищIей хуэдэу дырищIейын хуейщ. Лъэпкъыр къызхэщIыкIа нэрыбгэхэр пщэдейм унэншэу къэмынэн щхьэ унэ дыращIейм я пщIэнтIэпсымрэ я мылкумрэ хагъалъхьэн хуейщ. Дыгъуасэм лъэпкъ IуэхумкIэ икIуэт зэрыщымыIа щIыкIэр хабзэу къащтэжын хуейщ.

Лъэпкъ хъуижын хуейхэмрэ лъэпкъыр зыФIэмIуэхухэмрэ зэхэгъэкIын хуейщ. Лъэпкъым и пщэдейм щхьэмыпэу кIуэдижыну щытхэм якIэрыкIын хуейщ. Абы щхьэ лъэпкъыу пщэдейм дынэзхьэсыну щыт еплъыкIэхэр дызэмбэкъуэФын хабзэу унаФэу къэтщтэн хуейщ. ЕплъыкIэхэр зы дыщIыу абы хуэлэжьэныр, икIи лъапIэу икIи псапэу цIыхуэм ядгъалъытэн хуейщ. ЕплъыкIэ хабзэм хуэмыФащэ Iуэхум хэхьэхэри гущIэгъуншэу зыхэдзын хуейщ. Цıэрэ, цIэ зыФIэщынкIэрэ ди Iуэхур зэрзыФIэмкIыФын гупщысэкIэ лъэпкъ еплъыкIэр зы щIыуэ дунейм къытегъэхъуэн хуейщ.

Бжыгъэхэм кIэрыкIын хуейщ. Зи цIэр Адыгэ щхьэ Адыгэм и пщэдейм зыри хуэзмыщIэнухэр хэкIуэдауэ бжын хуейщ. Зы дыщIыну ди еплъыкIэр зыдызтетщIыхьыну щIыпIэри ди хэкуращ. Хэкум исхэми хэкум имысу зигур хэкумкIэ гъэзахэми а дызэмбэкъуэФын еплъыкIэм и хабзэр къызэдагъащтэн хуейщ. Цıыхухэм нэрыбгэ нэрыбгэу яIэ къэрухэр а еплъыкIэм тегъэкIуэдэныр зэр псапэу икIи щIыхь нэхъ лъапIэр зэрыпылъыр ягухэм илъхьэн хуейщ. Мыр лъэхъан дызэрытым и Адыгагъэу дунейм къытегъэхьэн хуейщ. ИкIи пщэдей диIэу дыпсэун, икIи дипщэдейм хэкумрэ Адыгэмрэ зауэрэ банэрэкIэ пэмыщIхэм дэджэгуэн ядмыгъэщIын щхьэ, дызыхуей пщэдейм и еплъыкIэр хабзэ дыщIыу мыбыи Адыгагъэ Фıэтщижын хуейщ. Мыр тщIэмэ икIи лъэпкъыу ди гъуэгу дырикIуэФынущ, икIи нобэ зи цIэр Адыгэу пщэдейм пэмыщI лъэпкъхэм я гупщысэкIэ къагъаделэу хэкурыс Адыгэмрэ урысымрэ хэкур зэрышхыпIэ зыщIынухэм я гъуэгур дыгъэбыдэФынущ. Лъэпкъ еплъыкIэ хабзэм текIахэм лъэпкъым и цIэ зехьэныр яIэщIэсхыну щыт мы Iуэхум лъэпкъыр бэлыхь къэкIуэнухэм къыригъэлынущ. Аращи лъэпкъ Iуэху зезмыхуэр, зыи лъэпкъ Iуэхуу ипщэ илъыр зымгъэзащIэр зэр мы Адыгэр хабзэу къэгъэхъун хуейщ.

Иджыри къэс “хуейщ” куэд жысIащ. Мыр дунейм къызэрытедгъэхъуэнур хэкуми хэхэсми щыпсэу пщэдейр зылъагъу цIыхухэм мыувыIэу цIыхухэм ятхьэкIумэм пэжыр ипагъэIуэн хуейщ. Ныджы мы сытхахэр гукIэ зиФIэщ хъухэр къекIуалIэу мыр зэр лъэпкъ Iуэхуу зэрыщIыр яФIэщ ящIыу нэрыбгэ нэрыбгэу я пIщэнтIэпсымрэ я мылкумрэ хагъакIуэдэн хуэйщ.

28.08.15

Маргъум Везир

01:39

Bir cevap yazın