ХЪУАХЭР КЪЭПСЭЛЪУ ЛЪЭНЫКЪЭ ЕГЪЭЗУ ЗЭКIУИЖЫНЫМ И ЧЭЗУЩ

...

ХЪУАХЭР КЪЭПСЭЛЪУ ЛЪЭНЫКЪЭ ЕГЪЭЗУ ЗЭКIУИЖЫНЫМ И ЧЭЗУЩ

Хэхэсым ис Адыгэр хэкум къина Адыгэм нэхъри бжыгъэкIэ нэхъыбэщ. Хэхэс Адыгэм и гум щIэхьа блэкIа лъэхъаным губжьрэ, гужьрэ хузтехъуами УрысхэмкIэ мыбы хэхэсым нобэ къэс фIыкIи IейкIи зыри къикIакъым. Нобэм къэса мы екIуэкIыкIэр дунейр зэрзэкIуэкIым епхауэ зызихъуэжу щIидзащ. Хэхэс Адыгэр дыгъуасэрей Адыгэжкъым. Ахэри зыхэпсоухь къэралыгъуэхэм я гупщысэкIэхэм техьаурэ зэблэхъуу икIи зэкIуэкIыу щIадзащ. Адыгэм ягъащIэм яхэлъыну зыми ифIэщ мыхъуну щыт Iекстремист гупщысэхэмрэ, псоукIэхэмрэ Адыгэхэми щыхэплъагъуэ къэхъуащ.

Адыгэм хуэмфащэкIэ куэд къырахри и хэкуми и пщэдейми пэжыжэ ящIащ. ЗыдэкIуа щIыналъэхэми ищхьэр къиIэтын амал имгъуэтурэ нобэхэм къэсащ. Хэти зэхищIэ гупщысэр аращи зы лъэпкъыр пщэдейм зэрнэсыфынум ипэ ит и хуэныкъуэныгъэр зы щIыгущ, а щIыгум езым ифэр тригъэуэфын амалырщ.

Адыгэм я нахъыбэр хэхэсщ. Адыгэр ижь ижьиж лъэхъан лъандэрэ зыпамытхъыфа и хэкум и дуней еплъыкIэр щызрихъуэкIа лъэхъаным техуэу патхъащ. «ЩIы ущыпсэур Iуэхукъыми фыздэкIуэнум фыщылIэмэ жэнэтыр фэфейщ» хуэдэ гупщысэхэмкIэ Адыгэр щхьэдашри кIуэдыгъуэм и IэкуэщIым ирагъэхуащ. Урысыр зыхуэныкъуэр щIыгути игъуэтащ, адрейхэр зыхуэныкъуэр цIыху бжыгъэти ягъуэтащ. Дэ закъуэм жэнэтыр щыгъэти зыщыдгъэпсэхун жьауэи дыгъуэтакъым. Псэхугъуэ димыIэу аткIэ мыткIэ дызэбгырылъэлъащ.

Нобэ дунейр зэтекIутэ зэрыпщIу уи жэгъуэгъур уздэщысым ущысу узэртекIуэнур аращи зы лъэпкъ е зы гуп къэбгъуэтынщи абы езбы и гупщысэхэр фIэбгъэкIуэдынщи езбы и гупщысэ фIэбгъэщIыурэ уэ уи гупщысэм щхьэ ипсэр итыну бгъэсэнщ. А зипсэ зыт тхьэмыщкIэхэми дыгъуасэ жэнэт нэпцIымкIэ дыкъызрагъапцIам хуэдэу жэнэт нэпцIым щхьэ дунейр зэтырагъэсхьэнщ. Феплъ нобэ радикалхэм/Iекстремистхэм, зыри яфIэмзыгуэру япсэр зэратыф щIыкIэм. Ахэр езырурэ апхуэдэ хъуакъым. Дунейр зыIэщIэлъ къэру уфIыцIахэм куэдрэ телэжьыхьхэурэ утыку къыралъхьа Iуэхугъуэщ мыхэр. А цIыхухэм ипэ гупщысэ напцIэхэр фIэщыгъэ хуащIащ, тIанэ ахьшэрэ, зэщIэгъэсткIэрэ утыку къраутIыпщхьащ.

Пщэдей зищхьэ яунэщIу зыхуэй гупщысэкIэ утыку къырашэну зызхуагъэпс лъэпкъщ хэхэс Адыгэр. Дыгъуасэ къэс апхуэдэ мыхъуфын тфIэщI куэд къытхэкIыу щIидзащ. Дыгъуасэ къэс Адыгагъэр ипэ иту щыта щхьэ нобэм гупщысэкIэр/фIэщ-хъуныгъэр ипэ итщ. Адыгэ цIыхухэм я фIэщ хъуныгъэр псэум ипэ къырагъэщу щIадзащ. Адыгэр курыт дыгъэ кIуэкIыпIэ лъэпкъхэр зынагъэса гупщысэкIэм нагъэсу щIадзащ. Пщэдей Адыгэ фIэщIыгъэ гупщысэр хуэмурэ къытхалъхьэнурэ ди жэгъуэгъуу дыпагъэувынущ Урысейм аргуэру. Дэри Урысхэри дызэрыукIыху къэру уфIыцIахэм зыхуейр къэхъунущ.

Адыгэри Урысхэри къыреуш. Адыгэ хэхэсым и проблема нэхъыщхьэр Урысхэм Адыгэр я хэку къызэрахуарэ пэт мыхэр зикI къэмхъуа зыкъащIу Iуэхур ипIэ игъувэжыным къызэремкIуалIэхэращ. Я хэкум и цIыхуу зэримыбжращ Урысей къэралыгъуэм. Урысейм и жэгъуэгъухэм мыр куэду фIыуэ къагъэсэбэпынущ пщэдей. Ахъшэрэ фIэщIыгъэкIэрэ яузэда хэхэс Адыгэхэр дэнэкIэ ягъуэтми ираутIыпщхьэнущ Урысейм.

Дыгъуасэм зывгъэзэжи феплъ Апхъазым. ФIигу къэвгъэкIиж Урысейм Апхъазыр къэралыгъуэу щIилъытам. Урысейр зэрихъурейагъкIэ къахухьащ къыпыщIэтхэм. Апхъазыр къэралыгъуэу илъытэри а лъэныкъуэр быдапIэ ищIащ Урысейм, мыпхуэдэкIэ.

Аращ щIэн хуейр: ХЪУАХЭР КЪЭПСЭЛЪУ ЛЪЭНЫКЪЭ ЕГЪЭЗУ ЗЭКIУИЖЫНЫМ И ЧЭЗУЩ. Мыр дымгъэтэрэзмэ хэхэс Адыгэр пщэдейм и зэуапIэм утыку ирашэу щIэзауэри, зыхуэзауэри имыщIэуэ аргуэру зэрзэтырагъэукIэну гупщысэкIэ яузэдынущ. ЗыгъэкIуэдынур икIи дэращ икIи Урысхэращ. Абы щхьэ Урысей къэралыгъуэм Адыгэ хэхэсымкIэ Iуэхур ипIэ иригъувэнурэ я проблемхэр зэфIихынурэ Адыгэ лъэныкъуэмкIи быдапIэ ищIынущ Апхъазым зэр щищIа къабзэу.

Iэпэдэгъэлэлыпхъэкъым мы Iуэхур. ЗыфIэмгъэжIыныгъэм къихьыр гугъэ кIуэдыгъэщи гугъэ зимыIэр фIэщIыгъафIэщ. ФIэщIыныгъэм губжьыгъэу зехьуэжри, Iуэбжьам и губжьым дунейр ес… ФIи фэщ мыхъумэ мес, феплъ дунейм.

 

Маргъущ Везир

08.03.17

22:49

Bir cevap yazın