БЫЩIЭРАЩ ЛЪАПIЭР БЫЦIЫХУРАКЪЫМ

...

БЫЩIЭРАЩ ЛЪАПIЭР БЫЦIЫХУРАКЪЫМ

Псори ды цIыхущ. Куэдым махуэ къэс ды цIыхур хыдогъэхъуэр ауэ дыцIыхумкIэ гъэщIэм хэдгъэхъуэращ Iуэхур зыдэщыIэр. Куэд къоувэр утыкум “ар сэращ нахъыФIыу зыцIыхур” жоуэ. Ауэ и цIыхугъэр гъащIэм пкъы игъуэтауи щыплъагъуркъым.

Дэ ди цIэр “цIыху”щ. ЩIыналъэм дыкъыщытехъуа дыдэми щIыналъэм и хабзэмрэ, и цIыхугъэмрэ тхэлъыу дыщытщ. Ауэ дыкъыстехъуа щIыпIэм ицIэм куэд къыджэIэ. Абы и цIэр “ЩIЫГУ”щ. “ЩыпщIэн щIыпIэ”щ къикIыр. ЩIыгум щэкIуэкI лъэхъаным къыщыхъум и цIэри “гъащIэ”щ. Абы щхьэ умщIа цIыху “мыщIэм” къикI щыIэкъым, мыщIэ “цIыхуныгъэ”ми къикI щыIэкъым.

Аращи доцIыху сытри. Ди цIыхуныгъэри хыдогъэхъуэ. Ар махуэ къэси догъэлъагъуэ. Дэ сыт щыгъуэ дыцIыхум гъащIэ еттми мис апщыгъуэм дей ди гъащIэр цIыху гъащIэ хъуынущ. Ди цIыхугъэм и гъащIэ хъуынущ.

Лъэпкъ Iуэхум псалъэр къэсхьынщи доцIыху хъун хуейр ауэ ды цIыхур гъащIэм хэдгъувэн, абы лъэ егъэгъуэтыу гъэпсоун, ар дыщIэн щхьэ куэд дыщIэкъым. Допсалъэр ауэ дипсэм хэлъыр гъащIэм хэтлъхьэу дыпсокъым(=лIа къикIыу аращ). Абы щхьэ екIуэкIыкIэм дыдэпсокъым (екIуэкIыкIэм  екIун). ЩымыIэмрэ гъащIэ зымгъуэтамкIи зыщIыпIи дынэскъым.

Маргъущ везир саврум

06.09.14

23:43

Bir cevap yazın