IУЩ

...

IУЩ

Адыгэр, адыгэбзэм хэлъу щыт ауэ езым куэду къыхэмнэжа гупщысэм къытемхьэжу и дуне тэтыкIэр абыкIэ иригъэкIуэкIыну щIимдзэжмэ иухыгъуэ махуэр жыжзкъым.

Адыгэм нобэ уахэплъэмэ зэдищту, зэдекIуу зы дуне еплъыкIэ яIэкъым, Зыр зыщIыпIэкIэ адрейр зыщIыпIэкIэ йокъур. Хэти езбы иплъэкIэр захуэ зыФIощIижыр. Адыгэхэм езым яхэлъу щыт дуне еплъыкIэр ягъатIылъауэ щыпсоуэ зыдэщыIэхэм яплъэкIэмкIэ дунем йоплъыр. Мыбы къыбгъэдэкIыуи зы зэдэхъуФхэкъым.

Адыгэр, тIысу зэщIэдэIукIижын хуейщ. Сыту пIэрэ сэ щхьэхуэу сыхэлъыр жоуэ. Лъо пIэрэ сэ си гугъэр жоуэ. ТIани лIо пIэрэ сэ сыхэлъыр хэзгъэхъуэнур, си гугъэм сынэзгъэIэсыну къарур сыт жоуэ.

УзыIисыр къомыщIэмэ уздэкIуэн хуейр пщIэкъым. УздэкIуэнум зы гупщысэкIэ уздемжьамэ зыщIыпIи унэскъым. Гъуэгум узэрышхыу укъытонэр. Нобэ куэд дызэрыщIыкIауэ гъуэгум дыкъытенащ. Адыгэри кIуатэкъым, дипсоукIэри дэ къытхуэФащэкъым.

Адыгэм къыхуэнэжа, ар пщэдейм зыхьыну щыт къару закъуэр ибзэм хэлъ гупщысэФэращ. Дэ дибзэр адре бзэхэм хуэдэу мэканикыу зэкIуэкIакъым. Лъэпкъ зэрыхъун щIыкIэри, цIыху зэрыхъун щIыкIэри, дунэйм адыгэу дауэ тетын щIыкIэри дибзэм къыхыощыр.

Адыгэм ябзэм гу лъатэжын хуейщ. Зибзэ зыIэщIэхуахэми адыгэкIэ гупщысэФ цIыхухэм бзэм къэжыриIэр зыIэщIэхуахэм япащхьэ къыралъхьэн хуэйщ. Мы Iуэхухэм теухуауэ адыгэбзэи, пэмыщI бзэхэмкIэи ди цIыхухэм я лъытэныгъэр дытхэурэ хэдгъэхъуэн, ди цIыхухэр къэдгъэушын хуейщ. АдыгэкIэ «цIыху” щыжытIам деж “цIыху” жыхуаIэр “лъытэныгъэкIэ, лъытэныгъэ щхьэкIэ” зэрыпсэур къыбгуроIуэр. “гъащIэ” щыжыпIэм лъытэныгъэр дунэйм къызэртебгъэхъуэныгъэр къыбгуроIуэ.

ДыгъэкIуэдари, дысхуэныкъуэри дибзэм къыхыощ. Дибзэм игупщысэФэр зытедгъауэмэ Фэ къыттеуэжынущ. Дэ дибзэр Iущщ. Бзэм къыджиIэр дыгъэзащIэмэ дэри Iущ дыхъуынущ. Iущ дыхъуми лъэщ дыхъуижынущ.

03.07.2014 мэхуэку 01:10

маргъущ везир

Bir cevap yazın