ЛЪЭПКЪЫР ГЪЭКIУЭТЭН ХУЕЙЩ

...

ЛЪЭПКЪЫР ГЪЭКIУЭТЭН ХУЕЙЩ
ЗытхьэмахуэкIэ хэкум сыщыIащ. Лъэпкъым и нобэр зыми дигу ирихькъым. ДыкIуэтэн хуейрэ пэт дымыкIуатэу дыздэщытым дикIуэтыкIыу щытщ. Дийаспорам щыIэ Адыгэхэм гупщысэ куэд хуаIэщ хэкум ауэ зыри щIыгу теувэкъым. Дийаспорари хэкури щызэрыгъуэт гупщысэр лъэпкъыр гъэкIуэтэн зэрхуей гупщысэращ. ЩызгурымыIуэ гупщысэри дауэ зэрыщIынращ.
ягъащIэм хэку мыкIуауэ, хэкум и екIуэкIикIэр зымыщIэ цIыхухэм я гупщысэхэм хэкур ягъэкIуэтэнукъым. ИкIи хэкурысу дунейм и екIуэкIыкIэм дэмыкIу хабзэкIэ ежьахэми лъэпкъыр ягъэкIуэтэФынукъым. Хэхэхсхэм я гупщысэр нахъыбэу щыуэ зыщхьэщехыр. Зым динкIэ урысым пыщIэувэу къыригъэлыФынкIэ мэгугъэр, зым дин хэмыту урысым зыпыщIэтIэу текIуэжыу Iуэхур зыФIагъэкIын я гугъэщ, ещIанэми ныджыре дуней екIуэкIыкIэм екIу гупщысэкIэ лъэпкъыр зы гъуэгу тегъаувэным хущIокъур. Сэ ещэнэре гупым сыхэтщ. Сэр хуэдэхэр мащIэщ ауэ хэкум щыслъэгъуар аращи ди гупщысэр щIым тоувэр. Хэт сепсэлами ягум зэрхэхьэр къэслъэгъуащ.
Мор мыпхуэдэу иррехъу жыпIэм къикI щыIэкъым. ЩIэхъун зэр хуейр цIыхум игум къебгъащIэмэ абы гукIэ зыкъыпщIэгъакъуэр. Мы гъуэгум диз цIыху закъуэ гъуэгум зэртехьам щхьэ ар ипсэкIэ едмыгъэпшынынщIыкIэр ди IуэхуФэщ. Зымахуэ тIэкIу сызФIэна зы бзылъхугъэм мыпхуэдэу жиIат “Хэку щы1экъым ц1ыхуншэу” . Дунейм ипхъыхьа ди цIыхуу хъуар къыщедмышэлIэжыФынукIэ хэкури хабзэри иридэдгъэкIуэФын сыт хуэдиз цIыху хэкум етшэлIэжыФмэ аращ дипщэдейр къэзыгъэщIэнур.
Хэхэсым хэкукIэ унаФэ зыщI куэдым я нахъыбэм хэхэсым щырахьэкI я псоукIэр зэтыракъутэу хэкуми нэкъуэжынукъым. Абы щхьэ я гупщысэхэми пщIэ иIэкъым. Ауэ мыхэм язныкъуэм хэкур зэхэзехуэ зыщI гупщысэхэр яIэщ. Я макъыр уэру къызэррикIым щхьэ жэгъуэгъу ялъагъу урысейм хэкурысым къытырпагъэкъузэ. Хэкурысхэри хэкIыпIэншэщ. ИкIи хэхэсхэр къэгъэзэжу хэкур лъэщ ящIын хуейщ икIи хэхэсым я гупщысэм и зэхэзехуэм хэкIыФхэкъым.
Лъэпкъыр дыгъэкIуэтэнущ. Лъэпкъыр зауэрэ банэрэкIэ едмыгъэухыу дыпщIантэурэ хэкур лъагэм дыIэтынущ.
Маргъущ везир саврум
19.08.14
23:01

Bir cevap yazın