АДЫГЭГУ

...

АДЫГЭГУ

Хэтым ирепх диным, хэтым ирепх идеологиям лъэпкъ Iуэхур. Лъэпкъ Iуэхур лъэпкъым ейуэ зы еплъыкIэ зэремыпхам щхьэ лъэпкъ Iуэхур земыкIурэ зэмыщхьыу пхауэ, мыпIэтрэуэжыу щытщ.

Гурэ ФIэщ хъуныгъэрэ зыхэмылъ динымрэ идеологиямрэ земыкIу ди Iуэхур сыт тIэ зэкIуу щытыр?

Апхуэдизыу пыуд хэкур ялъкIэ зыгъэФа ди едэжьхэм ягухэр? Ахэм дэ адыгэгу къытхуагъэнэн щхьэ япсэхэр къимыкIуэтыуэ ятащ. Хэкум псом япсэр ямытыу къыщIикIар ахэр зэр шынэм щхьэтэкъым. Еплъхэри токIуэдыкIыр адыгэргур дунейм, аращ ахэм япсэ зэщыуар къизгъэкIар хэкум.

Куэд яшэкIащ ахэм хамэм. Сыт яшэкIами ягъэтIылъакъым зэи адыгэгур. Мис сэ си ядэ и гъащIэр зы щапхъэщ. Апхуэдиз тхьэмыщкIэныгъэр зэрришэчыуи зэикI игу ихъуэжакъым. Зэ закъуэ а игум къыжыриIэм емыпцIэкIын папщIэ дапщэрэ и гъащIэр утыку ирилъхьэу пэжым зэрхущIэкъуар сэ сылъэгъуащ. Мис сийадэ нэс къынэсау щытщ адыгэгур. Дэ адыгэгукIэ къуажэхэм дыдэкIыу къалэхэм дыкIуа нэужь лIо дэ къытщыщIар? Дэнэ зыдэтхьар дэ адыгэгур?

Дэ къалэхэм щыIэ псоукIэ, зэхэтыкIэм дипсоукIэр IэщIэтлъхьэри дыкIуэцIылъ гури абы щIыдгъуижащ. КЪалэм дэс щхьэхынэхэм къэгупщыса гу зыхэмылъ гупщысэхэм ди лъэпкъыр къыригъэлын дыФIэщIыурэ а гуншэ-хабзэм ди гъащIэхэр тедгуыващ. Псэлъэ гъущэ нэхъ нобэ нэс зы Iущыгъэ яуыжь дитакъым. Динри адрей идеологияхэри зэрзырагъэкIуэкIам хуэдэу адыгэгури ахэм едгъэкIуыну яужь дитащ. Ауэ дыщыгъупщар аращи адыгэгур зэхъуэкIкъым. Гур зейм абы нэмыплъ иритмэ, ар зэримпэсижмэ, ар къимлъэтижыу йолIыхьыр зыдилъым. ИкIи йоФыхьыр абдежми гъащIэри зэхыоФыхьыр. ТIанэи мы мэ зыщыуам зыри екIуэлIэжкъым.

Лъэпкъ Iуэхур гурэ ФIэщ хъуныгъэрэщ зэпхар… Дэ дыкъэсхъумэнури, дунейм дищхьэр Iэтауэ дытезгъэтынури дэрдэру дэращ. Дэ диедэжьхэм къытхуагъэна адыгэгур дыгъэгупщысэжынущ. Абы куэд къыджиIэнущ, абы ди гъуэгур къитхъыхьынущ. Дигухэм дыщэпцIижам дей ди едэжьхэми, тхьэми я нэгъэлатыр къыттехуэныурэ щхьэ закъуэу кIыФI тхуэФащэм дыхэкIуэдэжынущ… Ауэ адыгэгу зиIэхэр ирремшынэ ди едэжьхэр гу къэбзэу хэкурэ-адыгэгурэ щхьэщ щIэлIар. Ахэм Тхьэм ягум къажыриIаращ ящIар. Тхьэм адыгэгур хуитыу къыщиздилъэтыну хэку псалъэр къаритащ…

Маргъущ Безир

18.10.14

12:02

Bir cevap yazın