КЪЫЗЭЩIЭГЪЭУШЭ УИПСАЛЪЭХЭР

...

КЪЫЗЭЩIЭГЪЭУШЭ УИПСАЛЪЭХЭР

ПэмыщIхэм я гупщысэкIэмкIэ я псэлъаФэмкIэ уэ уи лъэпкъым Фэ къытебгъэуэФкъым. Нобэ ди лъэпкъым игум хэхьэ зы плъэкIэ щIимыIэр аращ къызыхэкIыр.

Бзэр псэм игъэлъэгъуэкIэщ. Адыгэпсэ дыIут щхьэ адыгэм щхьэ гъащIэм хэдгъувэну зийаужь дитхэм адыгэбзэкIэ дызэрремгупщысым щхьэ ар адыгэ лъэпкъым ипсэм хэхьэкъым. Адыгэ лъэпкъым псэ къыIуырыцлъхьэжыФыну къудейр адыгэбзэщ. Лъэпкъыр зы къэкIыгъэм ещхьщи абы ипсыу щыт ибзэр абы щыщIэткIаум дей зыкъищIэжынущ. Мис абдежым гъуижынур щигъэтынурэ къыпыкIэу щIидзэнущ пхъэщхьэмыщхьэ купщIэ зэрылъыу ахэр дунейм щIэблэщIэу къыщыкIыну щытхэр.

Бзэр жэихукIэ лъэпкъри жеинущ. Лъэпкъыр къэзгъэушыну щыт макъ къудейр адыгэбзэм и макъщ. Лъэпкъым зэхихыу, игум хэхьэу, къызэщIэзгъэушэну закъуэр езым ибзэращ. Лъэпкъыр гъэгушхуэжын щхьэ езым ибзэмкIэ еубзэн хуейщ. Лъэпкъым езым ей дыдэу щытым и макъым къыжыриIэращ зэхихынури, ищIэнури…

ЕIусэн хуэйщ цIыхур ипсэм хэтыу щыт езбы ипсэ адыгэбзэ псалъэхэм игумкIэ. Ахэр къызэщIигъэушэжын хуэйщ. КЪэуша псалъэхэм иIэр убыдыу гъащIэм къытешэн хуейщ. Псалъэхэр къызэщIэушэхукIэ пкъым ипсэми зиужьынущ. Абы лъэпкъым ипсэри къигъэушижынурэ езым иплъэкIэм гъащIэ иригъуэтынурэ Фэ къызтыригъэуэжынущ.

Маргъущ Везир

19.08.2014

09:49

Bir cevap yazın