ЧОБАН

ЧОБАН
Махуэ пщIыкIуз хуэдиз сщыIащ Бэнокъуэ къуажэм мы гъэмахуэм. Дгъуасэ зыкъэзгъэзэжащ.
Зы пщыхъэщхьэ дыуэршэру тщысу лIы гуэрым жиIащ «Ди къуажэм щауса мы уэрэдыр зэхэпха*» жери. Уэрэдым щыщ псалъэ тIэкIу жиIари псэури хуэзэпыгъэхуакъым. ТIанэ лIы гуэрэм и цIэр жиIэри абы псэури ещIэ жиIащ.
МахуитI нэужьым а жыхуиIа лIым деж сыкIуащ уэрэдыр къыжезгъаIэу трезгъэшэну. Сытми уэрэдыр къыжезгъаIэри трезгъэшащ ауэ гъэщIэгъуэн гуэри зэзгъэщIащ: Уэрэдыр ЧобанкIэ зэджэу зы лIы гуэрэм иусауэ, а лIыри е IузнелэкIэ е Магъарэ(Туфанбейли)кIэ къикIыу къакIуа гуэру жаIащ. ЛIыр дзэм зыхыримгъэшын щхьэ къыщыхъуа щIыпIэр ибгыну къэкIуасэу Бэнокъуэ къэкIуауэ жаIащ. ГъэщIэгъуэныр аращи лIыр лIэжыхукIэ бзылъхугъэ щгъын щыгъауэ, бзылъхугъэ хуэдэу псэуауэ жаIащ. Чобаным пшынэр игъэбзэрабзэу еуэу, уэрэд усакIуэу, уэрэд жыIакIуэу яхэтауэ къыжаIэж. ЦIыхухэм щIыхь хуащIыу икIи фIыуэ ялъагъуу жаIэж. «Моуэ мобдежкIэ зы унэ щытати абы щIэсат.», «Кхъэм удз сыт зытемыт щIэуэ къатIа кхъэм деж си енэшхуэм «Уэй Чобаныжь, сыту си жагъуэт дунейм узэртемытижыр.» жиIажауэ нобэ хуэдэу соцIыхуиж.» хуэдэ псалъэхэр къаIуэтэж.
ГъэщIэгъуэнкъэ лIэжыху бзылъхугъэ щгъыныр зыщызмыха, IэлIэщI телъу псэуа зы АдыгэлI е Адыгэ мыхъумыбзым и хъыбарыр, абы нэмыплъ езмыхыу лIэжыху ар къуэжэдэсу зэрахэсыхьар!
Маргъущ Везир
24.08.17
01:48

Bir cevap yazın