СЭ АР ФИКРЭТХЭ Я ДЖЭДУМ ЕЗГЪЭШХЫНУЩ

СЭ АР ФИКРЭТХЭ Я ДЖЭДУМ ЕЗГЪЭШХЫНУЩ
Сиз ныбжьэгъу зы бзу къиукIат фочкIэ дыщыцIыкIум. Сытми а бзур адрей диз ныбжьэгъум иритащ : «Мэ, уэ узотыр.» жери.
Бзур зырита ныбжьэгъур хуабжыу гуфIэри къырибжэкIыу хуежьащ: «Мыр ныджы унэм сыхьынщ, гъущI хьэкум изгъувэнщ, фIыуэ сыгъэжьэнщи сышхынщ…»
Мыр зэхэсха бзур зыта ныбжьэгъур бзум ехъуэпсэжа, сытами къыжиIащ: «Кьызэртиж си бзур.»
Адрейм: «Ар сэ къызэптри сэсей хъуакъэ? ЛIо епщIэнур бзум?» щыжиIэм бзур зытар къэгубжь, фочыр адрей ныбжьэгъум къытиригъэпсыхьри бзум зэрехъуэпсэжар зэрибзыщIыр къыбгуриIуэу къыжиIащ: «Къызэтиж щIэхыу, сэ ар Фикрэтхэ я джэдум езгъэшхынущ.»
ТIэ сыт ищIэжынт адрейм, бзур джэдуратэкъэ зыхуэфащэр…
Маргъущ Вэзир
24.08.17
02.54

Bir cevap yazın