ХАБЗЭР ДУНЕЙ ЕКIУЭКIЫКIЭМ ЕГЪЭКIУН

...

ХАБЗЭР ДУНЕЙ ЕКIУЭКIЫКIЭМ ЕГЪЭКIУН

Хабзэра Iуэхур хьэмэрэ хабзэм и купщIэра? “Iэнэ къытырагъувам уемыплъ, ар къыпхутырезгъэгъувэм еплъ.” жоуэ зы гупщысэ къыщыушат сигум хэкум сщыIэу, сыхуэсхьынур сымыщIэу.

Иджы къызгуроIуэр ищхьэ тет псалъэр. Хэкум зэрыслъэгъуамкIэ хьэщIэм зы Iэнэ щысхузтырагъувэкIэ абы щIыщIэ иIэу къэгъзнэкъым. Iэнэм пэрытIысхьэми дэнэ, дауэ къырахами ФIэIуэхукъым. Псоми яФIэIуэхур хабзэу ялъыта щытыкIэм екIумэ аращ псори. Ауэ мы хабзэм унагъуэм и къарур хэгъащIыр. ЗиIэ щыIэщ, зимыIэ щыIэщ. Хабзэр цIыху псоукIэр дахэкIэ къгъачуэкIын щхьэ зэрщытым щхьэ мы екIуэкIыкэм IуплъэкIэ дахэ пылъыу плагъуми купщIэкIэ дахэ хэлъкъым. Апщыгъуэ хабзэм илъагъуэр и купщIэм езэгъкъым.

Иджыре дуней екIуэкIыкIэм цIыхур хигъэзыхьеуэ ищхьэ нэхъ зыми илэжыгъэр хуримкъуиж ищIащ. Хэхэсми зыпсалъэ тхэлъщ “шыгъурэ пIастэрэ зэдэшхын” жоуэ. Мы псалъэм и купщIэри “гуэпагъэкIэ зэдэугуэшэныр дахэщ”ращ. Хэхэсым нэхъыбэуэ Iэнэ хабзэри унагъуэм а махуэм сыт яшхынуми ар зэдэшхыным теухуащ. Бысымыр къуэлеймэ куэд къищтэнщ, къуэлейсызмэ иIэр къищтэнщ.

Хабзэм и купщIэр цIыху псоукIэр егъэФIэкIуэнщ. Абы щхьэи хабзэр цIыху псоукIэр зэкIуэкIыхукIэ ар дахэу зырегъэзэхуэж. Хабзэм и купщIэм гуэпэныгъэрэ, гулъытэныгъэрэ хэлъщ. Абы щхьэ хабзэр зыщIэми зыхуащIэми ягухэр зыхуэгъэзащ. Зым хэгъэщыу адрейм хигъэхъуэкъым и купщIэ тет зы хабзэм. ТIуми хегъахъуэр. ГЪащIэри лэжьыгъэри дахэ ещI мыбы щхьэ.

Хабзэр и купщIэм зэррикIам щхьэ екIуэкI лъэхъаным Адыгэ хабзэр емыкIу тФIощI. Ауэ емыкIур хабзэм къищта иФэращ. Абы гулъытэрэ, гуэпэныгъэрэкIэ Фэ къегъэщтэжыу лъэхъаным и екIуэкIыкIэм ар едгъэкIумэ ди хабзэм нэхъ нэхъ дахэ щыIэкъым.

Маргъущ везир саврум

30.08.14 02:03

Bir cevap yazın