ЗЫХЪУЫМАХЭМРЭ ЗЫХУАХЪУЫМАХЭМРЭ

...

ЗЫХЪУЫМАХЭМРЭ ЗЫХУАХЪУЫМАХЭМРЭ

“Мыр хэкущ”, “мыр дибзэщ” жоуэ къаIэщIэнар нобэ къэс тхуэсхъума, дэ хэкум дыщыкIуам дей ягукIэ япсэкIэ къытпеже, дэнэ ФыщыIэми сыт Фи хьэлми Фыдикъуэшщ къыджэжыIэ, егъащIэкIэ дымылъэгъуа гъэлъэпэкIэкIэ дызгъэлъапIэ ди хэкурыс дикъуэшхэмкIэ дэ тIэкIу къыФIыдогъэкIыккIр хэхэсым щыIэ адыгэхэм. Ахэм ягухэри ябжэхэри къызэIухащ ауэ дэ сыт яхуэтхьижыр?

Ахэр зыхуей къудейр ягъуысыу хэкумрэ гъащIэмрэ зыдэдгъэкIуэтэнщ. Дэ абы яхуэтхьыу щытри дищхьэ ФIэлэлхэмрэ, ди гупщысэ делэхэмрэщ инахъыбэм. ДиIэж тIэкур тхуэсхъумам дэ гу къабзэуэ дищхьэмрэ ди къарумрэкIэ дыкIуэжыну яФIэщIт. Ауэ дэ мыпхуэдэ зы гугъэ диIэтэкъым. ДиIэ закъуэр щхьэусыгъуэ къудейт. Хэкурысхэм мыр щагурыIуам деж псом щхьэ тхуахъумам кIэрымкIахэу щытми ягухэр идудахэщ. я къэрур хэгъэхъуэным кIэрыкIи я къарур хэдгъэщIащ. Хэкур лъэIэсэгъу хъумэ жэурэ кIуэжын дызФIэщIижти лъэIэсэгъу щыхъум зыФIэдмыгъэщIижыу дытIысижащ.

Хэкум сыт щыгъуи дыгъэкIуэдар дыгъуэтижынщ жызыIэу лъэпкъ IуэхукIэ щхьэххэм хэкур ялъэгъуа нэужь “Дэ хэхэсым дынэхъщыадыгэщ” жаIэФыр. Хэкум къытхуэпабгъэ гухэм жаIэр зэхэзмых, зэхэзмыщIэ мы цIыхуыгъэншэхэм хэхэсым дэ гу-кIуэдрэ, гу-щыурэ нэхъ зыри къытхуахьыркъым. Абы щхьэ зипсалъэм псэ хэмылъ мыпхуэдэхэр дыгъэпсэлъэжынукъым икIи Фэи ятплъижынукъым иджы нэужь

Ипэ диIэж тIэкIур зыхъумамрэ ар зэхэзыщIэу щыт зыхуахъумахэр зэрыщIэн зэрыгъуэтын хуейщ. Хэкум кIуэ псори яхъумам ипщIэр зыщIэхэракъыми мыпхуэдэ цIыхухэр ипэ зыхэдзын, зыхэдгъэкIын, дыгъэемыкIун хуейщ. Лъэпкъымрэ хэкумрэ зы хьэдзэкIэ щхьэпэ зимыIэхэр дищхьэм тедгъэсижынукъым ныджыр нэужь.

ЗиIэмрэ зипсэмрэ хэкум нэмысым хэкур зыкIи ейкъым. ЗиIэмрэ зипсэмрэ хэкум нэсыр хэкурысхэращ. Хэхэсым зипсэр хэкум пэжыу, пэжкIэ нэсыри мащIэщ. Дэ ди Iуэхуыгъуэр аращи хэкум зипсэ нэсхэм яIэхэр нэгъэсыным амал къыхуэгъуэтынщ, ахэр хэкум ешэлIэжынщ. Хэку жаIэ щхьэ хэкур зигу имылъхэм хэкур ягу итлъхьэу ахэр ешэлIэжынракъым икIи ди Iуэхур.

Маргъущ Везир

20.10.14

23:59

Bir cevap yazın