КЪЭРУР ЗЕЙМ ЗЫIЭЩIИЛЪХЬЭЖЫН ХУЕЙЩ

...

КЪЭРУР ЗЕЙМ ЗЫIЭЩIИЛЪХЬЭЖЫН ХУЕЙЩ

Адыгэр ищхьэ къырикIуа Iуэхум къыбгъэдэкI мыхъумыщIэныгъэхэр игъэкIуэдын щхьэ гъуэгу зыдытеткъым, икIи хуэФащэу пщэдейм зыхуигъэхьэзыркъым. Хэхэсыр ипсэм йоджэри пщэдей гугъапIэ игъуэтижкъым. И бзэри и хабзэри хьэдэ пхъуэмгъум телъщи щыщIалъхьэну лъэхъанри жыжэкъым. Зэдэплъэу, зэдэзыщIэ зимыIэ Адыгэ Iуэхури Адыгэ Iуэхур зыФIэмIуэхуу езбы я жыпрэ я ныбэрэ нэхъ зим Iуэхухэм зыIэщIагъахьащи псэури пщIыхь защIэ тхэтщ. ЦIэшхуэ зыФIэщауэ ипэ ирагъащахэм дэ ди Iуэхуракъым ипэ ипагъащар. Абы я гугъэр Адыгэ Iуэхур ипIэ игъэкIын къудейщ.

Хэти сыт жырреIэ Адыгэм и пщэдейм и гугъапIэр хэкуращ. Адыгэу дунейм тетым еплъытмэ зы Iэбжьыб нэхъ мыхъу хэкурыс Адыгэращ литературэри, АдыгэцIэри, Адыгэ тхыдэри, Адыгэ гугъэри зыхъумар. Хэку зимыIэж лъэпкъыр куэдынущ, мыр нахуэщ. Хэхэсым щыIэ адыгэри хэушэпсыхьри ахэри пщэдей хэкIуэдэнущ. Хэхэсым щыIэ адыгэхэм я хасэхэри зыщхьэпэн хуей къудейри хэкумрэ хэхэсымрэ лъэмыж хуэхъуу а лъэмыжымкIэ адыгэ лъэпкъыу хэхэсым щыIэхэм щыщ куэдыр хэкумкIэ зэпырыгъэкIижын Iуэхущ. Зыи, нобэм нэс хэхэс адыгэм къахьаса диIэж тIэкIури хъумэжу лъэмыжым икIхэм зыдырагъэхьижынращ.

Адыгэр нобэ зыщыщIэм и нэхъыщхьэр хэкурыс цIыхухэм Адыгэм и Пщэдейр зэр езырхэрар зыхащIэу хэхэсым хуэгъэза Iуэхур лъэпкъыу ар зыIэщIалъхьэжынращ. Псэуми, хасэцIэ яIэ щхьэ лъэпкъым имхасэуэ щыт хасэхэр зыIэрагъахьэуэ ахэр лъэпкъ Iуэхум хуагъапсижын хуейщ. Лажьэ нэпцI защIурэ хэкурысхэр зыщIыпIи нэзмыгъэс хасэтетхэр зэрщыту лъэпкъ къэрукIэ къыраудыхыу лъэпкъ плъэкIэкIэ плъэхэм Iэрагъэхьэн хуейщ. Къуэжэдэсми, къалэдэсми, къулыкъущIэми, еджакIуэми, лэжьакIуэми, уэрамым тет цIыхуми я макъ къыщыздэхэщ, псэуми зэуэ зыдаIыгъ, зыхущIэкъу еплъыкIэр къегъэщтэн хуейщ адыгэ Iуэхум. Псалъэр зи IэмыщIэ илъхэм а псалъэр Фэ яIэмыщIэ щивмылъхьакIэ, икIи ахэм ялэжьыр Фэ Фызхуэйрауэ щыщымыткIэ икIи а псалъэр, икIи лъэпкъ хуэлэжьэн Iуэху пщэдэлъыр къэIэщIэФхын хуейщ.

фэ, хэкурысхэм Фигур къызэрыгъуэтауэ Адыгэ Iуэхур зыIэщIэФлъхьэжмэ, адыгэ макъыр къивгъэIукIыу, адыгэ лIыгъэ хэлъу адыгэ Iуэхум ФхущIэкъумэ дэри дигу къызэрыгъуэтижынурэ хэкум неблагъэжыр нэхъыбэ хъунущ.

Дыужэгъуащ псэуми, хэхэсымрэ хэкумрэ зыр зыр ягъэФIэным ФIэзмыкIыу Iуэху пэж езмыгъэлэжь цIыхухэр. Аращи мы Iуэхум кIэ езгъэгъуэтын къэрур зыIэщIэлъыр хэкум исхэу адыгэгу зезыхьэ ди лъэпкъым и Iэпкълъэпкъыу щыт  ди цIыхухэращ. Адыгэр адыгэгукIэ и Iуэху иужь ихьэмэ къыпэлъэщыни, зыщышынэни щыIэкъым. Мамырыгъэрэ, зэФIыныгъэрэ гупщысэм тету адыгэ лъэпкъым зыФIимгъэкIыФын Iуэху щыIэкъым. Ди цIэмрэ, ди лъагъуэмрэ зыдыгъуу ди пщэдейр дыФIэздыгъухэм адыгэцIэ пэжымрэ адыгэ лъагъуэ пэжымрэ сытым иIисми янэм щIэIугъуэм и чэзущ мис иджы.

Маргъущ Везир

13.11.16

17:05

Bir cevap yazın