НАПЭ

...

(Тхыгъэр зигу иримыхьым и гуми и гъащIэми сыхырелъэщIыкI.)

НАПЭ
Нобэ нэс къагъасар пщэдейм нэдгъэсын Iуэхур мы ди щытыкIэмкIэ къэмпэжын Iуэхущ. Пщэдейм дыщIэт лъыр нэсыну щытми Адыгэ хэхэсым и лъэр пщэдейм Адыгэлъэм тету нэсынукъым. Мы хэхэс кхъэлъэм пщэдейм нэдмыхьэсыфыну щыт ди бзэри, ди хабзэри, ди жылэри къэмкIижыну щыщIэттIэнущ. Ди щытыкIэр щытыкIэ тэрэзкъыми лIэныгъэмрэ кIуэдыныгъэмрэ и лъэужьым диуващ.
Бзэр гъащ1эм псэуэ щопсэу. Гъащ1эм хуэфащэу хэмытыжмэ, ар ипсэм йоджэжыр. Бзэр лIэмэ лъэпкъри долIэр. Бзэр хэхэсым ди гъащIэм псэуэ хэтижкъым. ЛIэну телъщи ипсэм йоджэр. Псэури дызэщыджу Адыгэ Адыгэ жытIэ щхьэ лъэпкъыри ди пщэдейри ди Iуэхукъым. ПэмыщIхэм я зауэхэм дыри тылейщ. Iуэхур дэдейм къэсмэ ди гуэныхь фIейри ди лъэпкъым щхьэ дытынукъым. Мэлуаних ди бжыгъэу жаIэ ауэ пэжыу «ди пщэдей» жызыIэр миних хъууэ си гугъэкъым. Джэгурэ пысхьэлывэрэ нэхъ зим Адыгагъэхэм къэхуэна Адыгагъэм пщэдей щиIэкъым хэхэсым.
Мыпхуэдэу едгъэкIуэкIмэ ди щытыкIэр, Тхьэшхуэм и нэлатыр къытхуэфащэщ. ГуIэурэ хэкум щхьэ псэ зытахэм мыпхуэдэ зы щIэблэ хуэфащэкъым. Тхуэмфащэ фащэ тщыгъщи ды дэхьэшхэнщ. Тхуэмфащэ гъуэгу дытетщи ди гъащIэр щыуагъэ защIэщ.
Аращи хэхэс Адыгэхэ; Е дылIынущ, е Адыгэныр диIэкIэ дылIынущ. ДылIмэ пщэдей диIэнущ. Напэ диIэнущ. Ауэ Адыгэныр дылIмэ Тхьэм нэпэншу, нэлатыр дытелъу декIуэлIэжынущ, Тхьэм и нэмыплъым и нафIэм нэхъ къэдлэжьа диIэнукъым. ИкIи хэкум и Адыгэпсэу Тхьэм нэсахэр ди псэм и нэгум къиубжьытхэнухэщ.
Маргъущ Везир
13.01.2016
21:00

Bir cevap yazın