ЛЪЭПКЪ IУЭХУР ЛЪЭПКЪЫМ ЕЗЫМ И ПЩЭДЭЛЪЩ

...

ЛЪЭПКЪ IУЭХУР ЛЪЭПКЪЫМ ЕЗЫМ И ПЩЭДЭЛЪЩ
Адыгэ Iуэхур зекIуэкъым икIи зыщIыпIи кIуэкъым. Хэхэс Iуэхури, пщэдей зигъэIэн Iуэхури зэр хуэфащэм хуэдэу лъэпкъым зыхиубда зы Iуэхукъым. Iуэхум пэжкIэ лъэпастхъэуэ пылъ ди цIыху бжыгъэкIэ мащIэ гуэрхэр хэтхым лъэпкъым и нэхъыбэр щысщи езыр езыру Адыгэм пщэдей игъуэтын яфIощIыр. Лъэпкъ Iуэхур зэфIэтхынущ жоуэ нобэ утыку ит гуэрхэми я гугъэр Iуэху зэфIэхынкъыми лъэпкъ Iуэхур нэхри зэфIэкъэнщ.
Мыр щапхъэщ :Дунейпсо Адыгэ Хасэр ди лъэпкъ Iуэху еплъкъым. ЦIэ зыфащамкIэ Iуэху ящIэ дыфIагъэщыурэ, дыщагъауэри дыщIэн хуейм дыщагъауэр. Щагъауэ къудейр дэрмырауэ Урыс къэралыгъуэри щагъауэр. Сэхъурокъуэ Хьэутий нобэхэм къипсэлъахэм уеплъмэ КАФФЕДыр ДАХым гуэкIын Iуэхур Iуэхушхуэкъым зэрыжиIэмкIэ. ПэмыщI ягуэхьэн хасэ куэд щыIэу жеIэр. КъиIуатэм къикIыр аращи Сорос Джордж хуэдэхэм я гупщысэм тет хасэхэм дагуэхьэфIынщ жиIэу аращ. Сорос Джордж хуэдэхэм я фондхэм я гугъэр хуитыныгъэрэ мамырыгъэрэ къэхуэхьын Iуэхуракъым лъэпкъхэм. Я гугъэ къудейр утыкур зэхэтхъуэу лъэпкъхэм яIэхэр зэлъэфэлIэнщ. Сэхъурокъуэ Хьэутий къыдгуэхьэну хьэзырщ жыхуиIэ хасэхэм ягъэзащIэ Iуэхухэм уеплъымэ лъэпкъ Iуэху хьэмэрэ Сорос Iуэхуми къыбгурыIуэнщ зыпылъхэр. Хьэутийи зэхитхъуэрэ зэхихырэ къывгурыIуэнщ.
Хэкурыс ди цIыхухэ, фыкъэуш. Адыгэм и пщэдейр фэращ зэпхар. Фэ лъэпкъ Iуэхур зипщэ дэфлъхьа фыфIэзгъэщIыурэ фызгъэжейхэм Адыгэм ипщэдейр Iырахыр. Фэри фыIурихауэ фожейр. Нобэм фипщIэнтIэпскIэ къэфхьэса Адыгэ-цIэр пщэдейм нэгъэсынри фэ фипщэдэлъщ. Адыгэ Iуэхур сы-Адыгэщ жызыIэу хъуам япщэдэлъщ. Фызэрыс хэку къэралыгъуэхэм Адыгэ Iуэхур къэлэну язубыдэлIэнур фэ фи къэруращ. Фэ фи къэру зыхэмылъу фэ фи цIэ къудейр зыфIэсщахэм Адыгэ Iуэхукъым я мурадыр.
Къуэжэдэсхэми, къэлэдэсхэми, полициеми, еджакIуэми, лэжьакIуэми Адыгэ зицIэ псэуми яIэ къэрур щызэрывгъэгъуэт хасэхэр фыухуэн е фи цIэр зыдыгъуа хасэхэр зыIэщIэфлъхэжын хуейщ. ТIани хэхэсымкIэ зыкъэвгъазэу Адыгэм и пщэдейм щхьэпэну къэнэжар Адыгэпсэм хэфлъхьэжын хуейщ. Нобэ мылажьэм пщэдей иIэкъым.

Маргъущ Везир
17.01.17
21:40

Bir cevap yazın