Хэбзэгъуэщ Зэхэтхыр!!!!!

...

Хэбзэгъуэщ Зэхэтхыр!!!!!

Мис, псэм лъэ игъуэтри псалъэу зигъэлъэгъуащ.

Мы псалъэхэр Тхьэм и псэм и къипсыкIэщ.

Тхьэр гум къопсыкIыр. Гур Тхьэм и щIэныгъэщ, икIи гур Тхьэм щыщщ. Тхьэм и щIэныгъэ къипсыкIыр «гупс»щи «гупсысэ»ри Тхьэм и нэхуэкIэ цIыхур згъэгъуазэщ.

Щхьэм щы-хьэр гупсысэкъыми ар и нэхъыбэм щхьэусыгъуэщ, щыуагъэ дэгъусэщ.

Щхьэр гум едаIуэу щытмэ гъащIэм фIы лъагъуныгъэм и фэ дахэращ теуэнур.

Пэ зривгъэщыну, пэж фымылъухъуэ. Пэж къудейм фкIэлъыкIуэм ирикъунщ

ХАБЗЭ

Хабзэр сыт жыпIэмэ уипсэр зыхэлъ уибзэм еупщI.

Хабзэм жиIэмрэ пщIэн хуемрэ бощIэри пщIэр умгъэзащIэмэ бгъэгъуэщащ уи гъуэгури быцIыху закъуэр узэрмыцIыхуижращ…

Псэуми я къежьапIэр «гь»ращ.

«Гь»р «гьэ» хъури щIэныгъэ хъуащ.

«Гьэ»р «гу» хъури щIэныгъэм гъащIэ игъуэтащ.

«Гу»р «гь»уэ щыт «ТХЬЭМ» и щIэныгъэр гъащIэм хэзыбзэуэ Тхьэ Хабзэр зыгъэбзэрабзэ цIыхум кIуэцIылъращ.

 

Тхьэ хабзэр фIым тетщи хабзэм и жылэри фIыщ.

ЦIыхур фIыуэ зылъагуращи, Адыгэ Хабзэри Адыгэ ЦIыхум фIым тету къигъэхъуа дэхагъэщ.

ФIыуэ зэхэщIыкIыу, къыбгурыIуэу, къыбгурыIуар фIыкIэ хабзэ згъуэтау плъытэу, абы уи фIыгъэмкIэ зыхуэбгъэзэнымрэ, къыбгъэдэкIыр зэгъыу къэпщтэнращ цIыхум и фIы лъагъуныгъэм къикIыр.

Хабзэр, гъащIэр фIы лъагъуныгъэкIэ гъэбзэнщ.

Псэр згъабауэу згъабзэр псалъэщи, цIыхур ГъащIэм щызгъабзэр и ХАБЗЭращ.

Хабзэр къызыхэкIыр «хэ»ращи хэри цIыхугъэм и кIупщIэщи, Тхьэ ХабзэкIэ зекIуэу фIыр жылэм хэзылъхьэращ.

ЦIыхугъэри пцIыхунымрэ, пцIыхуу щытым щIэныгъэ ептынращ.

Хабзэр лъэпкъым и гъуазэщи лъэпкъыр дахэм хуэзгъазэщ.

Хабзэр, Iэпкъ лъэпкъ згъуэта ПСЭУКIЭщи ХАБЗЭНШЭУ къэнэныр пкъым псэр хэлъэтыкIынращ.

Хабзэр цIыхугъэм тетщ, цIыхугъэм темытыр текIуэдэгъуэщи ар Адыгэ цIыхум и жэгъуэгъущ.

Адыгэр зэфIэзгъувэжу, и пэжым тезгъувэжыу, жьы къыхэзылъхьэжынур и хабзэр къигъуэтижу зэхилъхьэжыным епхащ.

МЫ ХАБЗЭР АДЫГЭР АДЫГЭУ ЗЭФ1ЭЗГЪУВЭЖЫНРЭ ХУЭФАЩЭК1Э ЗЫГЪЭК1ЭТЭНуМРЭЩ.

Хабзэм и бзэр Адыгэпсэум гуры1уэнурэ ар ягъабзэурэ я къэк1уэныр дахэу къэхуэбзэж ящ1ижынущ.

Мы псалъэхэр зы цIыху тхьэмыщкIэракъым зипсалъэр, МЫ ПСАЛЪЭХЭР ЗЭХЭЗМЫЩIЭХЭРАЩ ТХЬЭМЫЩКIЭ защIэхэр.

ХАБЗЭМ И ПСАЛЪЭР ЗЫПХЫРЫМЫКIЫР ГЪУЭНЭ ПЩIАНЭЩ ИКIИ ЦIЫХУГЪЭКIЭ ПЦIАНЭЩИ, ХАБЗЭМ И ПСАЛЪЭР ЗЫПХЫРЫКIЫР БЫДЭУЭ ЛЪЭЩЫУ IУЩЫГЪЭКIЭ ДАХЭУ ХУЭПАРАЩ.

Хабзэр , Адыгэр гъащ1эм ц1ыхугъэк1э зыгъэбзэрщ. Мыбзэжыр мэулъийри улъияр ятIэм щыщ мэхъу.

Хабзэр Адыгэм и пщэдэлъщи зыхэзмылъхьэм, Адыгагъэм 1уэху хуи1эжкъым.

Хабзэм къыжиIар гум зэхихрэ пэт зэхэзмых зызыщIыу езIуэнтIэкIыу зизIуэнтыхьхэр лъапсэм ихупхъэхэщ.

Хабзэ зыпщIыхэмлъижым ибзэм жиIэр пщIэншэщи и макъыр пыупщIыпхьэщ.

Хабзэ зыпщIыхэмлъижым и Iэм IэщIэлъхэр къилэжьахэркъыми ахэр лъэпкъым къызэрфIидыгъуам щхьэ ахэр лъэпкъым ейижщ.

КъызыхэкIам зи фIыгъэ емыкIыр щыкIащи щыкIар зыхэгъэкIыпхъэщ.

Хабзэр сыт жыпIэмэ уипсэр зыхэлъ уибзэм еупщI.

ЖиIэмрэ пщIэн хуеймрэ бощIэри пщIэр умгъэзащIэмэ бгъэгъуэщащ уи гъуэгури быцIыху закъуэр узэрмыцIыхуижращ…

КЪЭРАЛЫГЪУЭ ХАБЗЭХЭМ ЯЩХЬЭЩИХУРЭ АДЫГЭМ ПХИРИХУМК1Э ПАЩХЬЭ ТКЪИУВЭНУРЭ ПСЭУРИ ЗЭХЭТХУНУЩ…

АДЫГЭМ ГУК1Э ЗХИБЗЭРЭ, АДЫГЭР ГЪАЩ1ЭМ ЩЫЗГЪЭБЗЭМК1Э УТЫКУ ТКЪИХЬЭЖЫНУЩ. ДИ ХАБЗЭР АДЫГЭМ ПХЫРЫК1ЫНУРЭ ДЫЗЭРЫТ ЛЪЭХЪАНЭМИ ДИ ПСЭУК1ЭР ПХЫРИГЪЭК1ЫНУЩ.

Пэжыр щIэнэкIалъэ зыщIым и пэр щIым щыщ хъунущ.

Маргъущ Везир

03.10.2018

22:43

Bir cevap yazın