ДАХ’ЫМ ХУЭГЪЭЗАЩ….

...

ДАХ’ЫМ ХУЭГЪЭЗАЩ….


Лъэпкъхэр лъэпкъхэм я бийкъым. Лъэпкъхэр зэзгъэбийуэ зэрызгъэукӀыр абы тепщэ хуэхъуа цӀыхухэращ и нэхъыбэм…
Адэм ищӀам щхьэ быныр ягъэкъуаншэкъым ауэ лъэпкъым и гъащӀэр абы и цӀэр щыӀэхукӀэщи зы лъэпкъым адрейм ириха мыхъумыщӀэр зэрзыхуигъэгъужын хуейри а зыращӀа щӀэблэ закъуэм къыщымынэу къыщӀэхъуэну щӀэблэ псоми хуэгъэза хъун хуейщ.
Черкесияр дэ Адыгэм(Черкес) ди хэкущ. ЗауэщӀэрэ банэщӀэрэ тхуэйкъым ауэ ди хэку дыхуейыжщ. Ди хэку хэт исыми мамырыгъэкӀэ Адыгэ лъэпкъым зэри хэкум щӀыхь хуащӀу Адыгэми ахэм я псоукӀэм щӀыхь хуищӀу, адыгэ хэкум адыгэфэ игъуэтауэ зы гъащӀэ тхуейщ. Урысым илъэсищэм щӀигъуу мамырыгъэкӀэ дащыдэпсоуфакӀэ ахэми мамырыгъэр ипэкӀэ зэридгъэщыр къэгурыӀуагъэнщ. Ауэ нобэ РФм и унэфэщӀхэм мыбы гу лъатэу мамырыгъэм хущӀэкъу, адыгэ лъэпкъым зэрщыгугъыр утыку къизылъхьэ зы политика нэхърэ адыгэм и щхьэ къырикӀуар зыфӀэзмыгъэщӀ зы политика зэрахуэр. Мыр зи Ӏуэху къызэкӀур урысрэ адыгэмрэ нэмыщӀ дыгъэ къуэхьэпӀэм щыпсо лъэпкъхэращ…
Адыгэхэм фащымышынэ фащыгугъу. Дыгъуасэ и бжыгъэм и %90ыр и хэку патхъа адыгэм и гугъэр гъэкӀуэдыпэнращ шынагъуэр, адыгэм щыгугъунракъым. Адыгэр илъэс 300 хуэдиз зэуа пэтрэ зикӀ мамырыгъэ е зэдэпсоуныгъэм и зэхэкъутакӀуэ хъуакъым.
Пэжхэр зэблэшыным хэти фыкӀэрыкӀ. РФр къэкӀуэну зэманым цӀыху бжыгъэ куэл хуэныкъуэщ. Адыгэр икӀи губзыгъэщ, икӀи лэжьакӀуэщ, икӀи и гур зыдэщыӀэр РФм и гуэтыгъуэ зы щӀыщ. Мыбы фелэжь ДАХыр.
Ипэ Адыгэ хэкур ЧЕРКЕСИЯуэ евгъэлъытэжи зэхэвгъэхьэжи РФм адыгэу исым и гур хуабэу ефпхылӀэ. ТӀанэ хэхэс адыгэм хэт мамырыгъэм тету и пщӀэнтӀэпсрэ и къэрумрэкӀэ зынигъазэми екӀуэлӀэжыпэ хуэвгъэхъу хэкур ахэм. Адрей адыгэхэри пэжрэ, захукӀэ мамырыгъэм тету къэралыгъуэм и цӀыхуу нызэркӀуэжынум фелэжь…
ЗэтекӀутеныр гугъукъым, нэхъ тыншщ. Дэ зэтекъутэ тхуейкъым…

Маргъущ Везир
19.02.2020
23:23

Bir cevap yazın