ДЭЛАФЭ КЪЫДЭФПЛЬРЭ!!!

...

ДЭЛАФЭ КЪЫДЭФПЛЬРЭ!!!Былэжь Iуэхум и цIэр жомыIэфмэ а пщIэ Iуэхум пщIэ епткъым. Узыхуейр жомыIэу узыхуейр къаIипхижыфыркъым. Ди лъэпкъ Iуэхур адрей лъэпкъхэм хъуэрыбзэкIэкъыми занщIэущ язэржетIэнур.

Ди Адыгэра мы дияспорам я нэхъ Iулэр?

ИкIи Къафкъасям и хъэлъэ зелъафу псори зэдеплъэфэнущ, икIи быщIэ Iуэхум и цIэр жомыIэфын хуэдиз шынэ къэрабгъэ ухъунущ. Псори уэ уи цIэкIэ къыоджэ щхьэ уэ а цIэр уи Iуэхуми уи лэжьыгъэми фомыщыфын хуэдизу ушынэмэ а Iуэхум укIэрыкIын хуейщ.

Зы лъэпкъыр зэрагъэкIуэд щIыкIэр:
1) А лъэпкъым лъапсэ гъэкIуэд къыхуэхьын 2) А лъэпкъым и блэкIар щегъэгъупщэжын е фIызыхэгъэзэрыхьын 3) А лъэпкъым имыIуэху куэдыр Iуэху тхьэбзэу егъэлъытэн

1) Мыр Урысхэм къыдащIащ ди цIыхури зэтыраукIащ ди хэкуми лIыгъэкIэ дыкъырагъэкIащ.
2) Мыр зыщхьэпэр Урысхэмрэ, мы дызэрыс къэралыгъуэр езыр зызбзыщIурэ къэралыгъуэр щэхурэ зезгъакIуэ гуэрхэмрэ, дэ ди Адыгэу ахэм ядекIуурэ я лъэпкъ епцIэкIиж гуэрхэщ. Мыхэм къэбгъэдэкI Iуэхухэм ящыщщ: Ди хасэхэм Адыгэ Iуэху ирамгъэщIэн щхьэ Къафкъас цIэр кIэрыгъэпщIэныр, Хэкум и цIыхухэмрэ хэхэсымрэ пэжкIэ зэлъэмгъэIэсыныр, Адыгэ Iуэху зи ужь итхэр япыудыныр, егъашхэ егъафэкIэ цIыхухэр пэжыгъэ Iэнэм быгъэдэшыныр, зэкъуэшныгъэ напцIэкIэ Адыгэр щыгъэуэныр, Адыгэм и тарихьыр пхэнжурэ зэдзэкIа тхылъхэмкIэ зэхэтхъуэныр, Адыгэр къэзгъэушыну щыт тхылъхэр зэхэтхъуэныр, Адыгэ Iуэхур щэхуурэ зыбзыщI тхакIуэхэр ипэ игъэщыныр…(Мыхэр дэнэ щалэжьыми икIи хэтхэм ялэжьыми нахуэщ…)
3) Зищхьэ Iуэху ирамгъэплъиж Адыгэрь Къафкъас псомрэ Тыркумрэ я Iуэху тхьэбзащIэу ягъэгушхуэр. Шэшэныри, Апхъазыри адрейри мыдрейри Адыгэ Iуэхуу Адыгэм и куэщIым къырадзэри Адыгэр ягъэхьэулейр.

1) Урысейм Лъапсэ ГъэкIуэд къыдыщIилIащ. Мыр макъ инкIэ жыфIэнущ.
2) Хасэхэм Адыгэм щхьэмыпэ Iуэху зезыхуэхэр фэри хэтхэми зэрызурэ фощIэри ахэм ялэжьауэ фылъэгъуахэр фымыбзыщIу занщIэу утыку къивгъэхуэнущ. “Къафкъас” делагъэм фыкIэрыкIынурэ ТыркубзэкIэ ди хасэхэр ÇERKES DERNEĞİ/ÇERKESYA HALKLARI DERNEĞİ, хасэ зэгуэхьэныгъэхэри ÇERKESYA HALKLARI FEDERASYONU фыщIынущ. Адыгэр IуэхукIэ ипэ щиткIэ и цIэр мис мыпхуэдэу ипэ къивгъэщынущ. Адыгэ хэкур дунейм къызэращIэ и цIэ ЧЕРКЕСИЯмрэ езы Адыгэр дунейм къызэращIэ и цIэ ЧЕРКЕСымрэ Тыркуми Урсей Федерациеми ипэ ивгъэщижынущ.
3) Адыгэм и Iуэху Адыгэ нэхъ химгъэпсалъэжу, езым, и Iуэху ипэ иригъэщижынущ.

Маргъущ Везир
16.02.2020

Bir cevap yazın