ЧЕРКЭСРЭ ЧЕРКЕСИЯ ПСАЛЪЭМРЭ КЪЫЗЭФIЭДМЫГЪУВЭЖЫФМЭ ХЭХЭСРИ ХЭКУРЫСРИ ЗЫ ЩIЫПIИ ДЫНАГЪЭСЫНУКЪЫМ

...
Дызэкъуэтмэ дылъэщщ жыдоIэ.Ауэ дыздызэкъуэувэн хуей махуэм пкъырыпкъу дызэпкъырохур хэхэсыр нэхъыбэм.
Адыгэ лъэпкъым и бжыгъэм %90ыр хэхэс ящIу щыракъухьам адрей Кабказ лъэпкъхэм нэхъыбэ дыдэу хэхэс хъуам я бжыгъэр я бжыгъэ псом и %10ым нэс лъэпкъ щыIэтэкъым. А хэхэс хъуа лъэпкъхэр адыгэхэр хэхэсу зыдыхэс щIыпIэхэм дэри ды Черкэсщ жаIэурэ я щхьэхуэныгъэр яхъумащ Адыгэм и цIэу дунейр къазэреджэ я цIэмкIэ. Адрей лъэпкъ псори Адыгэм еплъытэмэ дунейм къэмыщIэ зэр лжэпкъхэм къыбгъэдэкIыу мы Iуэхур мыпхуэдэу екIуэкIащ. Адыгэхэм Черкес цIэкIэ хасэ яухуэну хуиттэкъым абы щхьэ Черкесияр къыхэзубыдэ щIыпIэцIэ КАВКАЗкIэ хасэхэр яухуащ. Адрей лъэпкъыу Шэшэн, Iосет, Лезги, Апхъаз, Карщей, Балкъар, Авар, Кумук хуэдэ лъэпкъхэм щыщхэри хасэхэм къекIуэлIащ. Я нэхъыбэри Черкес зыфIэщIижурэ ды Черкесщ жаIэурэ Адыгэхэм къытхэтахэщ. Ди къафэхэр ди щытыкIэхэр езбы зыдырагъэкIууэ теплъэкIэ къыдэщхьахэщ.
Шэшэнрэ Апхъаз зауэмкIэ Шэшэнымрэ Апхъазымрэ зэрымы Черкесыр, ахэр зэры щхьэхуэ лъэпкъхэр утыку къихьа щхьэ Адыгэр яIэ къызэрихькIэ ядэIэпыкъуащ а лъэпкъхэм. Зауэ нэужьым хасэ щхьэхуэхэр яухуэри псори Кавказ хасэхэм гуэкIри я Iуэху еплъижахэщ. Адыгэхэми кавказ хасэхэр къаIэщIэна щхьэ Адыгэ Iуэху жызмыIэф зы тегъэпсыхьыгъуэм ирагъахуэри Адыгэ Iуэхур сыткIи иужь къырагъэгъэнащ. АдыгэцIэкIэ Iуэху езыхьэжьэм и Iуэхум къыпэрыуэхэурэ “Кавказ цIэкIэ Iуэху фыщIэмэ фи Iуэхур нэхъ зекIуэнщ”ыр къэралыгъуэ хабзэ щэхуу Адыгэм къыраухылIащ. “Дэ ды Черкесщ Черкесия дырилъэпкъщ икIи Адыгэмрэ Черкесымрэ зыщ.” жызыIэхэми хасэхэм къэпэрыуэн, гъэпщкIуакIэ зыгъэшынэн, е я тIасхъэ щIэзыхын куэди хасэхэм къытхагъэзэрыхьащ. “Хасэхэм Адыгэ Iуэху зырахуэкъым Адыгэ Iуэху зэрахуэн хуейщ!” жытIэхукIи “Фэ фы микро фаюистщ. Ди къуэшхэм дауэ фыIукI яжетIэну!” хуэдэ псалъэкIэ пэжыр ягъэпыудыну хущIэкъуахэщ, иджыпстуи ар дыдэр ящIэр.
Апхъаз хасэхэм Адыгэ Iуэхур яфIэмIуэху щхьэ дэ Абази къытхэтщ жаIэурэ Адыгэр Адыгэ Iуэхум ирамгъэплъ щхьэ Апхъаз Iуэхур дэни ипэ къыщырагъэщ. Абазину Черкесия лъэпкъыу щыт Абазэхэм я щхъэр зэхагъэзэрыхьри Адыгэмрэ Апхъазымрэ я зэхуаку къыданэ. “Абазэ” цIэр зэры Адыгэ цIар ябзыщIыри Шапсыгъ, Убых, Абэзэхэ хуэдэ Адыгэ лэпкъхэм я щIы цIэуэ щыта Абазэр “Адыгэ хэкум Абазэ цIэ зезыхьа лъэныкъуэр Мэгало Апхъазям хагъэхьэн” гупщысэм щхьэ къэгъэсэбэпыр.Ауэ нобэм АбазэкIэ дызэджэ Абазин лъэпкъым Черкесиями хэхэсыми щызэрихьэ хабзэри Адыгэ хабзэщ, я хэкури Черкесхэм(Адыгэ) я хэку Черкесиящ.
Кавказ хасэхэм Черкес льэпкьым сытри къыхырагъэубыдэ, Черкесым(Адыгэм) ейр кавказ ящIыурэ Адыгэм(Черкес) IэщIырагъэх…
ЖысIэр аращи зы лIэпкъыр и хэку IэщIэпхын папщIэ зэтекъутэныр зэры гэноцидым хуэдэу Адыгэ лъэпкъым ЧЕРКЕСРэ ЧЕРКЕСИЯ цIэхэмрэ яIэщIэхынри нобэм и гэноцидщ. Мыр дэ ди цIыхум дэ къыдещIылIэж.Ди хэкум тепщэ хуэхъун щхьэ ди лъэпкъыр зэтезукIахэмрэ дэдейуэ щытыр кавказ щIыуэ зэрегъэпхъуэн Iуэхугъуэр зыщ.
Аращ ди хэкуэгъухэ кIэщIу жысIэнщи дэдейр зэредмыгъэгъэпхъуэн щхьэ Черкесрэ Черкесия псалъэхэмрэ гъащIэ яттижын хуейщ. “Адыгэрэ Адыгэ хэку” псалъэмрэ ткIуэцIылъ дигущ. “Черкесымрэ Черкесиямрэ” ди Iэпкъ лжэпкъщ, ди IэштIымщ, ди лъэщ дунейм тщызезхьэну.
Дэ Черкесрэ Черкесиярэм зеттыхукIэ дыздырикIуэну ди гъуэгури нахуэ хъунущ. Фэ хэкумкIэ къэвгъаблэ нэхур. Нэхм тщызхуэвгъэсиж.
Маргъущ Везир
22.11.2020
00:08

Bir cevap yazın