Адыгэ гу(ы)пщысэ

(фмыщхьэхыу феджэ…)Адыгэ гу(ы)пщысэ

Адыгэм здыхэс лъэпкъхэм и бзэмрэ Адыгагъэмрэ ш1имхъумэфыр сыту п1эрэ къызхэк1ыр?

     Адыгэ псоук1эр зытетыр, къызтехъук1ыр “гу”щ. Адыгэм и дэтхэнэ хабзэри зытеувэр “гу”щ. “Гу”м емыпхауэ зы адыгэ хабзи, псоук1и щы1экъым. Ш1ым тет бзэхэмрэ хабзэхэмрэ адыгэхэм яйым пэмыш1 гум теувэж щы1эжкъым. Адыгэхэр хэкум щыпсом адыгэ-гум утыку къырилъхьа псоук1эр яхъумэфт.

     Адыгэр дэтхэнэ лъэхъэным щыгъуи ирехъу я хэкум зми кIэрак1ыфакъым. Зэуэшхуэм тек1уэдахэми я нахъыбэр, адыгэ лъэпкъыу захъумэжыфат. Адыгэ-гум лъэпкъыр к1уэдыгъуэ куэдым къыхигъэк1ижат. И хабзэри и псоук1эри ш1эрыш1эуэ къызэрыгъуэтижыфт.

     Адыгэм щигъэк1уэда махуэр нобэре махуэкъым. Адыгэм щигъэк1уэда махуэр псоук1эм и еплъык1эр щызрихъуэк1а махуэщ. Адыгэм и хэкур езгъэгъэк1уэдари, и адыгагъэри ухижыгъуэм изгъувари мыращ. Адыгагъэм щигъэк1уэда махуэр и ц1ыху хъук1э гупщысэр щигъэк1уэда махуэращ.

     Адыгэр зыгъэщхьэхуэжыр, лъап1э зыш1ыр и лъымрэ, къыригъэк1уэк1ауэ щыт и хабзэракъым. Адыгэр адре лъэпIкъхэм яхэз1этык1ыр зэры “гу(ы)-ц1ыху”ращ. Адре лъэп1къхэм уеплъмэ зэры “щхьэ-ц1ыху”хэр нахуэщ. Ц1ыхуу хъуари я къежьэгъуэм “гу(ы)-ц1ыху”хэу щытами лъэхъан ек1уэк1ым зэхъуэк1хэри “щхьэ-ц1ыху” хъуахэщ. Гу(ы)-ц1ыхуур Тхьэ псоук1эр езгъэк1уэк1 ц1ыхуращ. И гъаш1эр гу(ы)-лъытэк1э зыгъэш1эщ. “Ц1ыхуур сыт?” щыжып1ам де адыгэбзэм нэхъ зыми сытми къыбжи1экъым. Адыгэбзэм зэржи1эщи ц1ыхуур зыц1ыхущ. Ц1ыхур ц1ыхуныгъэ(и ц1ыхун) хуэныкъуэщ. Ц1ыху хъун щхьэ гъаш1эр быц1ыхуурэ ебгъэк1уэк1ын хуещ. Щомц1ыхум де уц1ыхуижкъым. Ц1ыхум ш1ыгум щигугъэр и ц1ыхуу щыт ц1ыхуныгъэм гъаш1э етынщ. Ц1ыхугъэр гъаш1эгъуэ щыхъуам де  ц1ыхур къэш1а мэхъур. Ц1ыхуу хъуари зытет я унэм и ц1эр “ш1ыгу”щ. Ш1ыгум къик1ри “ш1гъуэм-и-п1э”щ. Ц1ыхур ш1ыгум ш1ытетыр ц1ыхуныгъэр ш1эныгъэ ш1ынщ. Ц1ыхур зыдэщы1э лъэхъаным и ц1эр “гаш1э”щ. ГЪаш1эм къик1ыр ц1ыхум иш1э 1уэхум езыращ. Ш1ыгум щы1э ц1ыхуу хъуари ц1ыхун яхэлъу къохъухэр. Ц1ыхуу хъуами я ц1ыху. Ц1ыхуныр псоми зэхуэдэу я хэлъщ. Ц1ыхум зэриц1ыхуу и ц1ыхугъэр къигъаш1эмэ ар ц1ыху пэж мэхъур, ц1ыху ш1а мэхъур. Ц1ыхум зэриц1ыхуу къимгъаш1эмэ ц1ыху мыш1а мэхъур. Мыбы къыхэк1ыр аращи ц1ыхур ц1ыхугъэк1э зигъэш1эн щхьэщ ш1ыгум ш1ытетыр.

     Ц1ыхум хэлъ ц1ыхуныгъэр ш1эн(шыгум къытехъуэн), гъаш1э хъун щхьэ зыхуэныкъуэр гу(ы)ращ. Ц1ыхуныгъэр зыдэщы1эр, зыдилъыр гу(ы)ращ. Ц1ыхуныгъэр езгъэжьэу гъаш1э езытыр “гу(ы)пщысэн”ращ. “Гу(ы)” псалъэм къик1ыр къыдгуры1уэн хуещ “гу(ы)пщысэ”м ипэ. Адыгэм нобэ зэрихьэ тхэк1эм макъым зэрщытури имгъэлъагъуэу щытщ. “Гу” псалъэм и зэхуэ тхэк1эр “гуы”щ. “гуы”м къик1ыр, “гу-уэ щыт”щ. “Лъэгу” псалъэм хэтыр “гуы” псалъэкъым “гу”щ. “Лъэгу”м хэт  “гу”м къик1ыр “ш1ып1э, и ш1ып1э”щ. Ауэ “гулъытэ”м хэтыр  “гу”къым “гуы” макъщ. Абы хэт “гуы”м къик1ыр “лажьу-ек1уэк1ыу щыт пэ-щы1эныгъэ, пэуэ-щыт-п1э ”щ. Псоми япэре п1эри-щы1эри Тхьэращ. “Гуы”м къик1ыр апщыгъуэ “Тхьэ ш1ык1эк1э (тхьэ хабзэк1э) ек1уэк1ыу щыт”щ. “Гуыпщысэ”м хэт “пщы”м къик1ыр “пщым 1уэхуыгъуэ, зэлъытэныгъэ, лъытэныгъэ 1уэхуыгъуэ”щ. “Сэ” м къик1ыр “ц1ыхум щы1эныгъэ зи1э езыр”ащ. Зыгуэрэр “гъасэн”ыр ар и щы1эныгъэ гъуэгум тегъувэнщ. “Сэ”р езырыбзу (и гъаш1эр зыбзижу), езбыдыдэу щытращ-ц1ыхум езыращ. “Гуыпщысэ” псалъэм къи1уатэр к1эш1у жыт1эмэ: “гуыпщысэ”р “тхьэ ш1ык1э=тхьэ хабзэ ек1уэк1ык1эк1э лъытэу езбы ш1ын”щ.

     Адыгэм псоук1эр зэрилъытэр гуыращ. Адыгэ хъуныр тхьэ псоук1эк1э псоунщ. Псоуныр бэуэн къудекъым. Псоуныр “сэ”р “ пэ(тхьэ)”м егъэк1унщ.

     Адыгэбзэр, адыгэ гъаш1эр “Ф1ыуэ лъагъун”ым тетщ. Ф1ыуэ лъагъуным езыр езыру зыкъе1уэтэжыфыр. Ф1ыуэ лъагъуныр нахуэу ц1ыхунщ, гуыпщысэм ек1уу лъытэнщ. Ик1и зэры”Ф1”ыр зэрыщхьэпэныгъэ зэри1эр гук1э лъытэнщ. Ик1и тхьэ хабзэм зэрек1ум щхьэ “ф1эн-гъэф1эн”щ, гуф1энщ. Гуыпщысэм тет зы гъаш1эр ф1ы лъагъуныгъэм тетщ. “гуы”р ф1ыщ ик1и зыгъаф1эщ. Щхьэ-пщысэм ф1эмыф1ыр сытщыгъуи 1екъым. Щхьэм ф1эмыф1 къыщыхъуми ц1ыхум гум илъ ц1ыхугъэр къыхуэзгъаш1эр ф1ыщ.

     Адыгэм щигъэк1уэда махуэр щхьэк1э пщысэныр гъаш1э щыхъуэхъа махуэращ. Нобэ ш1ыгум тет динхэми, филозофиехэми, гъаш1э ехьэк1ык1эхэми дыщеплъам де дылъагъунур аращи псори щхьэ-пщыным къытехъук1ащ. Щхьэ-пщысэр ц1ыхум и козмос ш1эныгъэщ. И ц1ыхугъэкъым. Щхьэк1э пщысэу псо ц1ыхур зэрзедзэщ, космос ш1эныгъэм щызок1уэ, щызожэ. И1э илъ щы1экъым. Ма”ш1э”р ауэ и”гъаш1э”къым. “Псэ”щ ауэ “псо”къым.

     Щхьэк1э гъаш1эр езхьэк1 ц1ыхум егъа”щхьэ”р, щхьэкъым. Щхьэ хъуным хуещ ауэ ищхьэр козмосым езыращ. Иц1ыхуфкъым, и гуыр пщэуэ “сэ” хъуф1къым. Гъаш1э игъуэтыфкъым. Ц1ыху мыш1ащ. Ц1ыху мыхъущ.

     Ц1ыхур ц1ыху щымхъуфам де гуыф1экъым. Ищхьэм ип1къыр игъэтыншыфынщ, ауэ игур ф1ы хуэш1ынкъым. Тыншыгъэр гуф1эныгъэкъым. Щхьэм “тыншыгъэм гуф1эныгъэ къыхэхъук1ынущ” пщысэк1э ц1ыхум гъаш1эр 1ырех. Ц1хум имгъэш1у мэл1эжыр. Тыншыгъэр “тын” им1эжыныгъэщ, псори зэлъэф1эныгъэщ. Ауэ гуы тыншыгэр “ц1ыхугъэм и тыну хъуари тауэ, къэгъэш1апхъэр къэгъаш1у, угуэшэныр угуэшауэ абы къыхэк1 ф1ы лъагъуныгъэмк1э ф1энщ”.

     Щхьэр зыдынэсын зыдыхуе закъуэр тыншыгъэщ. “Ц1э”м къик1ыр ф1эщыгъэщ, семболщ. Зыгуэрэм адыгэбзэк1э ф1эщыгъэ щи1э щыхъук1э абы и ек1уэк1ык1эр, и лэжьэк1эри ф1эщыгъэм дыхэтщ. “ц1ы”м къик1ыр ц1э ф1эзыщ, ек1уэк1ык1эм езыр, ек1уэк1ык1эм иц1э”щ. Щхьэк1э ежьам гъаш1эр егъапц1. Абы и “п1эр(тхьэр) козмосым и ек1уэк1ык1эщ. Козмосыр щы1эныгъэ псом еплъытэмэ “щы1эщ” жомы1эф1ын хуэдизу ц1ык1ущ. Гъаш1эр зыгъапц1ым тхьэри е гъэпц1. Щхьэк1э ежьар тхьэм лъэ1эсынукъым. Абы Тхьэуэ ф1эш1ыр козмосым и ек1уэк1ык1э ш1агъуэращ.

     Гуым тхьэр ец1ыхур. Гук1э лъытэм тхьэр еш1эр. Гуым ик1и козмосым ик1и тхьэм и ц1ыхуныгъэр хэлъщ. Гум козмосри тхьэри елъытэр. Гуыпщысэ-ц1ыхум тхьэри, козмосри еш1эри егъаш1э, езыри ма”ш1э”р. Гуыпщыса нэужь гуым ек1ур къэгъэш1эныр “ф1ы”р къэгъэш1энщ “ф1эн”щ. Ц1ыхури зыхуэныкъуэр “гуыф1э”щ. Ц1ыхур и ц1ыхугъэр къигъэш1эхук1э ныкъуэщ. И ц1ыхугъэр къигъаш1эмэ –ш1ым щыригъэк1уэк1мэ- псо мэхъу. Тхьэр “ф1ы”щ, ц1ыхур “ф1э”щ. “Ф1а” ц1ыхур “ф1ы”щ, тхьэм хуэдэ хъуащ “ф1ы”гъэк1э. Апщыгъуэм де ц1ыхур “Ф1ыху”щ, ихуу щыт ф1ыгъэщ.

     Едгък1уэк1ыу щытым и ц1эр “гъаш1э”щ. Ди гугъэр ц1ыхуу щытыр къегъэш1энщ. Ди гуыгъэр тыншыгъэкъым гуы-тыншыгъэщ-гуыф1эщ. Козмосым и ш1эныгъэр зыдилъ дищхьэр зыщхьэпэр козмос гъаш1эм ц1ыхугъэр къыщыдгъаш1эк1э абы дызэре1усынщ. Абы илъхэр ц1ыхухэм къагъаш1а козмос итык1э щапхъэщ. Ц1ыхууэ псо дыщыхъук1э “сэ” дымыхъуу рсо дыхъуфкъым-дыпсоуфкъым. Гуым езбы къимгъэш1ам “сэ” диш1ыфкъым. “Сэр” игъэш1эфкъым. Ц1ыхуныгъэр къэмш1а ц1ыхуныгъэу къегъанэр.

     Ц1ыхур щхьэ-хуиткъым. ШIыгум дыш1итыр тьэм и “ф1”ыр къэтш1эу дыпсоунщ. Тхьэм щхьэ ди”т”щ, ды”хуит”щ. Ды”щхьэхуит”къым (дищхьэкъым дыш1итыр), ды”гуыхуит”щ. Тьэ ек1уэк1ык1эм щхьэ дитщ, тхьэ ек1уэк1ык1эм дыхуитщ.

     Адыгэхэр зигуыгъу дыш1а ек1уэк1ык1эм тек1ащ. Адыгэм гу зэрк1уэц1ылъыр щыгъупщащ. Адыгэхэр щхьэк1э ежьащ. Щхьэ-пщысэк1э гъаш1эф1 яухуэфын яф1ош1. Гъаш1э тынш яухуэфынущ ауэ и лъыр адыгэу езыр пэмыш1у зы лъэп1къ нэхъ зыми нэсыфынухэкъым. Пэмыш1 лъэп1къхэм гъаш1эк1э дащыдэплъеяк1э адыгэбзэри, адыгагъэри л1энущ. Гуым нэхъ пэ игъэщын щы1экъым. Ауэ нобэм адыгэм куэд пэ ирагъэщащ. Ахъшэр, диныр, щхьэ пщысэуэ щыт псори и пэ итщ. Ш1ыгум тету щыт динхэри, псоук1эхэри щхьэ пщысэм зэригъэзэхуащ. Мыхэм ц1хум и гъэш1э ехъэк1ык1эр зэрагъэзахуэр ауэ ц1ыхугъэм бэуап1э ираткъым. Динхэри, щхьэ пщысэхэри зыхуэлажьэр тыншыгъэщ. Сэ сызгъэтыншым пэмыш1хэм ятыншыгъэр 1ырехыф. Зым и тыншыгъэм адрем и тыншыгъэр 1ырихынщ, ц1ыхур зыхуэлажьэр пщысэщ, пэжыгъэкъым. Зауэмрэ зэрышхымрэ ш1эмыухыр аращ. Ц1ыхуэр щхьэк1э пэжым бгъэдаш. Гуыр щыпыудк1э гуыпщысэри пыуд мэхъу.

     Ц1ыхум итхьэмадэр игуращ. Дитхьэмадэ дыш1у жьант1э дэдгъэт1ысхьахэр жьант1эм хуэфащэкъым. Дитхьэмадэр и жьант1эм щыт1ысу ипсальэм дыщедэ1уам де ди ц1ыхугъэр къэ”ш1э”нущ. Къэдгъэш1а ди ц1ыхугъэм дипсэр къыпигъэхьэжынущ, дигъэпсоуижынущ. Гуым и псалъэр пхырык1ыныр тхьэм и псалъэр пхырык1ынращ. Зыщыдгъегъупщауэ  ди гуым щымгъупщэр мыращ. Пхырымк1ижыр гу-адыгагъэракъым щхьэ-адыгагъэращ пэжым. Апхуэдизу дылажьэ дызф1эш1иж щхьэ зыри ш1эмыхъур адыгагъэм и къежьап1эр “гуыпщысэ”уэ зэрыщытыр зэрытщыгъупщаращ.

     Дигухэр ди тхьэмаду.

06.01.2010

01:33 бэрэжье

маргъущ везир саврум

Bir cevap yazın