АБАЗЭ КЪУАЖЭМ Я УНАФЭ
Абазэ къуажэхэр ди унэгъущ. Къуэжищ махъухэр. Акпынар/Ахъпугъар(Локъыт)кIэ дызэджэр бзэкIи, хабзэкIи къызэтенащ. Нобэ къэс захъумэжащ. Абазэ къуажэхэр дэ ди Къабэрдей къуажэхэр къэмытыс ипэ Хэкум къикIри къэтIысахэщ. Ахэм къыщытIысагъащIэхэм куэд яшэкIащ. Ахъпугъарыр ипэ дыдэ къыщыкIуахэм щIымахуэм Тырку къуажэхэм унагъуэ унагъуэу яугуэшри щIымахуэр ирахащ. ТIанэ ныджы зыдэщысхэм тIэкIу пэжыжэу зыщIыпэ псыхъуэ гуэри блэжти абы и унэгъуу къыр гъуанэ гуэрэхэр иIэти изныкъуэр ахэм щIэс хуэдэурэ хуэмурэ унэ сыт ящIахэщ. А зыдэтIысахэр Хэкум ирагъэщхьри тIысахэт ауэ зы сымэджэныгъэ къэпкъырыуэри лIэуэ щыщIадзэм абдейм тэджхэри ныджырей щIыпIэм къэтIысахэщ. Дэ ди къуажэр щаухуа 1893 гъэм ахэр а щIыпIэм есахэт. Хэкум 1890 гъэм къикIыу илъэсищкIэ тIысыпIэфI зылъыхъуа дэдейхэм Абазэхэр абдей щысу, щIы зэрытIысхьэн щыIэу щалъагъум ахэри къакIуэри абдейм къуажэ щаухуащ. Дэдейхэм къуажэ яухуэху Абазэхэр куэду къэдэIэпыкъуащ. Нахъыбэуи Болатпынар/БолэткIэ дыжэджэ къуажэм унэ сытхэр ящIыху дэсаи, щыхьэщIаи куэдщ. А БолэткIэ дызэджэ къуажэр а щIыпIэм ис Абазэхэм я пщы къуажэт. Адрей Абазэ къуажитIри Болэт къуажэм и унафэм щIэтт. ПэмыщIуи Абазэхэм Абазэбзэм пэмыщI Адыгэбзи яжьыдэлът. ИкIи нобэми зи ныбжь 50 сытхэмрэ нахъыжьхэмрэ аджэми бзитIри ящIэр е къэгуроIуэр.
Мы Абазэ къуажищым нэмыщI КоччагъызкIэ дызэджэ зы Къабэрдей къуажэи щыIэ щхъэ а къуажэр нахъыбэу зэбгырыкIащ. Ахэмрэ дэри дызэкIэлъыкIуэ щхьэ Абазэ къуажэхэмрэ дэрэ зы къуажэ нахъей нахъ дызэкIэлъыкIуэт икIи нобэми нэхъ дызэкIэлъокIуэ.
Дэ къуажэм дэсыр дэкIыу къалэхэм Iэпхъуэжыху бзэр тхъумащ. Дызэр Адыгэр, зызэрытхъумэжын хуейр зикI дигу итхакъым. Тыркум ис ди нэхъ унэгъу Гёксун, Iузнелэ Адыгэхэм хабзэкIэ сыткIэ куэду дызэтемыхуэми Хуэдз къыздитха, дэ тхэлъ дахагъэ куэди дыгъуасэм къэтхьэсащ. Уэркъыгъэ, пщы, унэIут, лIыщIэ, къэжэр сыт хуэдэхэр зикI зэзмыхуэ «зы вым тет бжьэкъутIым хуэдэу зэхуэдэ» цIыхухэм я къуажэу дыпсоуащ. Лэжьэнымрэ, пщIэнтIэнымрэ нэхъи зыри ипэ идгъэщакъым. Къуажэм дэс хэти зыхуейм хуэдэ фIэщ хъуныгъэм ирикIуэфу ауэ къуажэм езбы и синержир зыгъэлъапIэу абы щIыхъ хуэзыщI зы зэхэтыкIэкIэ дгъуасэм дыкъэсащ. Ауэ Хэкум къыздитхау тхэлъхэр дэзгъэхъумар дэ ди къэрум пэмыщI Абазэхэращ. Нысэ къитшащ Абазэм, нысэ ядгъэшащ, дызэхэтащ, дызыкIэлъыкIуащ. Ахэм дэ дыкъалъагъуху Абазагъэм иригушхуащ, дэ ахэм дахэплъэху тхэлъ Адыгагъэм дыригушхуащ, Ахэр къызэтенэн щхьэ дэ къыддэплъэящ икIи езбы я хабзэри яхъумэжащ, дэри ахэм я щыIэныгъэм дигур къызэригъэгъуэтижри дыIыгъыр дыутIыпщакъым. ГушыIэрэ зэхэтыкIэ дахэкIэ дызэхэтащ.
Зи гугъу сщIынур аращ: Iунивэрситэтыр къэзухауэ къуажэм сщыIэт гъэмахуэм. Ахъпугъар джэгу щыIэт. Абы щIыIэ джэгухэм нэхъыбэм зэрыныбжьэгъуу дыкIуэт. Къафэм щыгъуэ дыдэжьууэ, дыздэгушыIэу, чэфу дахэтт Абазэм. Дэ ди джэгу хъуми езыхэр дэ дызэрыкIуэм хуэдэу къакIуэхэт къытхэтхэт. Зэзэмызэ зэфIэнэ сыт къэхъуми нэхъыбэу езыхэр зэфIэнэт ауэ зыгуэрурэ зэфIижхэт. Сытми а джэгум сыкIуакъым. Къуажэм тIэкIу сэр нэхъри нэхъ ныбжьыщIэхэр кIуащ. Джэгум щыгъуэ дэдейхэмрэ ахэмрэ зэфIэнэри зэзэуахэщ. Ди щIалэхэм щыщ гуэрхэри къэубэрэжьащ. Дэдейхэри къеуэри жэщым къуажэм къагъэзэжащ.
ЕтIыуэнэрей махуэм щIалэхэр къызэщIэплъау къэхъуар къакIуэри къызжаIащ. Махуэм ар къудейм дытепсэлъыхъащ. Сытми пщыхьэщхьэ хъуауэ унэм секIуэлIэжауэ ди щIалэхэм зыр къызэджащ. Ахъпугъар Абазэ щIалэ гуэрэхэр къикIри къэкIуащи къыоджэхэр жоуэ. Сытми сыдыщIэкIри Абазэ щIалэхэр унэм къэзгъэблэгъащ. ЖаIащ абы: «Дыгъуэпшыхь къэхъуар бощIэр. Фэфейхэр къэкIуэжа нэужь ди тхьэмадэхэм хъуар зэхахати нобэ нетIэ дэ дыкъэутIыпщыху Iуэхум тепсэлъыхьахэщ Iуэхур зытетыр къыщIагъэкIыну, зэхагъэкIыну щхъэ. Ди тхьэмадэхэм фи щIалэхэр зэр мы къуаншэр, дэдейхэр зэрыкъуаншэр къыщIагъэкIащ. ТIани унафэ ящIащ а Iуэхум хэта ди щIалэхэр джэгум къыхэмыхъэфыну, ауэ жыжэу щытынухыу. ТIани фи къуажэ щIалэр икIи ягъэфIэжын, икIи мы къуэншагъэр ягъэузэхужын щхъэ ныщхьэбэрей джэгум къырагъэблагъэ, къэкIуэнухэу къолъэIухэр.»
Сэ джэгу сыт щыкIуэхэкIэ сахэтмэ щIалэхэм ятхьэмадэу сызэрыкIуэм щхьэт сидей къыщIагъэкIуар. Ахэм Iуэхур къуажитI Iуэху ямыщIын хуэдиз дэри я щIалэм хуэдэу дызэралъагъум щхьэ езбы яз щIалэм я унафэ игъуэр зэр блэкIым хуэдэу я унафэр къызэрытщтэнур зэралъытэм щхьэт я щIалэхэр къыщIагъэкIуар. Сэри: «Игъуэщ, ди щIалэхэм сапсэлъэжынщи фэ къыфтехуар щыфщIакIэ ахэм Iуэхур зытетыр ягурызгъэIуэнщи, сэри сахэту дынэкIуэнщ.» Къуажэм и щIалэр зэхуэсшэсри Iуэхур зытетыр ягурызгъэIуащ. Хуэмурэ я губжьри ягъэIылъри дызэдэкIуэну унафэ тщIащ. А жэщым Абазэхэм унафэ зэращIам хуэдэу а я щIалэхэр къыхагъэхьакъым. Дэри дагъэфIащ, дагъэлъэпIащ…
Сигу къокIиж загъэурэ а джэгум щыгъуэ къэхъуамрэ Абазэмрэ дэрэ ди дыгъуасэ дахэмрэ…
Маргъущ Везир
23.07.17
03:13