БЗУУФЭ

БЗУУФЭ
Си гум нилъэтыкӏа псалъэхэр
Нытетӏысхьащ уи гум и къудамэм
Зэӏущащэу уи гугъу ящӏыр,
Уэри я гугъу къомыщӏу
Уахукъоплъыр ущӏэгуфӏыкӏыу.
Гу лъатащи уазэреплъым
Мэтхъэжхэри уэрэд ныбжаӏэ..
Уи гум къипсыкӏа нэху хьэдзэхэр,
Зэщӏащыпэри сэ къысхуздахьыр.
26.02.2020
13:53
Маргъущ Везир

ÇERKESSİZ ÇERKESYA, ÇERKESYASIZ VE İSİMSİZ ÇERKES TALANIDIR ÇERKESE AİT OLANIN

ÇERKESSİZ ÇERKESYA, ÇERKESYASIZ VE İSİMSİZ ÇERKES
TALANIDIR ÇERKESE AİT OLANIN
Kana susamış ve acıma bilmeyen ordularla
Talan ettiler güzel ülkem Çerkesya’yı

Onlar kanlı ordularla gelmişlerdi
Çerkessiz Çerkesya’ydı gayeleri…
Kırıldık insan insan
Savrulduk ülke ülke
Bize bunu yapanlar
Kuruldular ülkeme
Parça parça ettiler
Bir avuç Çerkesi de..
Ama yenemediler onları
Yeşerdiler yeniden

Ülke ülke savrulanlara
Yasaktı isimleri
Silindi hafızalar
Silindi düşlerimiz.
(Kimdir, herkesi biliriz.)
İşbirlikçi ellerle
El edildi ismimiz..
Bulundu bize isimler
Siz busunuz denildi…
Dinledik ruhumuzu
Hatırladık ismimizi
Çalınan düşlerimiz
Aradı ve buldu bizi…
Biz Çerkesiz dedikçe
Kudurdular hepsi de.

Vardı hepsinin hesabı
Talan için her bir şeyi.
Biri toprak düşlerken
Biri düşlerimize düşman…

Çerkesiz ismimiz bu,
Çerkesya da gerçeğimiz.
Talan ettirmeyeceğiz geleceği
Dokunacağız ülkemize.
…..
Marguş Vezir
19.12.2019
23:38

МАЙ ПЫХЬЭ АДЫГЭХЭМ

МАЙ ПЫХЬЭ АДЫГЭХЭМ

ЗэФIэкIащ псори.

Мис щыгъуэ махуэр блэкIащ

КъэкIуэгъэ нэс загъапсэхунурэ

Щыгъуэ махуэм гъым зэгуидынухэщ…

Зэтыралъхьэнурэ зи лъэскIэ къэхущIэрыухьхэр,

Гъыуэ къызэщиудижынухэщ къэкIуэгъэ аргуэру…

Еплъым, дунейр ягъэхъэн ФıагъащIыу

Зачэтхъэжынущ илъэс пIалъэр къыщысым…

Илъэсым зы махуэризэ Адыгэ хъунухэщ

Адрей махуэхэм лъэпкъым ипкъым

Хэуа банэу хэлъынухэщ,

Щыгъуэ махэм шыну къитIэтIынухэщ

Гур щыкIыу

ГущыкIыу.

Апхуэдэукъым Адыгэныр

Фыхуейм абы хэвгъэтIкIуэнщ пщIэнтIэп

фиIэр къыщIэвдзынщ хъэлъэ уэндэгъуми.

Ар мыхъумэ Фымгъуэй къудей

феуи ФыIукI дыкъыФхуейкъым.

01.06.15

Маргъущ Везир

23:53

ПЭЖЫМ И БЫН

ПЭЖЫМ И БЫН

Гу зыкIуэцIылъым

ГурыIуэнущ гум жиIэр.

ГурыIуэнурэ

ДэгъэугурыкIуэнущ абы.

Гу зыкIуэцIылъым

Хэхьэнущ и гум.

Хэхьэнурэ хэхъуэнущ и гупщысэр.

Хэмыхъуэмэ и гупщысэр

къэбэгынурэ ар

Къызэщиудынущ.

Къызэщиудынурэ

Къэхъуынущ пэжым и быныр.

Маргъущ Везир

07.12.2014

12:02

ПСЭ

ПСЭ

Сыту гуыгъу Iей

НахъыФI дыдэу плъагъу

Нахъ лъапIэу уиIэр

пФIэкIуэдын гупщысэр.

НетIэ

Аргуэрыу тэджащ сищхъуэФэцIыр

Зэхэсхижащ сыФIэкIуэдыу щытым

А, ищхьэм щIыхь зыхуэсщIиж макъ щабэр.

ЛъаIуэтэкъым ар, икIи

ЦIыхугъэ къыпихт и макъамэм.

КъызэIусащ, зипсэм еджэу телъыр къызэдэхащIэу,

Iэ къыдилъащ си гум.

Иджыри псэ къысхилъхьэжащ

Сипсэу, си Адыгэбзэм.

Маргъущ Везир

09.11.2014

18:16

Зи Гугъу ямшIахэр

зи гугъу ямшIахэр

Дэр хуэдизу и шIыгурэ и хэкурэ зыбгинэжыфрэ зыбгынэжара тету пIэрэ мы дунем… Сищхэгъусэм и къуажэм сыкIуат мэхуипшI хуэдиз ипэкIэ (кайсери-яхьялы епха бэнокъуэ къуажэ). я къуажэр псы IуашIэнум шIиубыдэнущ. КЪуажэр ягъатэджынущ. Псори мэгуфIэр. яз ныкъуэр къышIахыну щыт ахъшэм щхьэ, яз ныкъуэр къалэм Iэпхъэжу къуажэр зэрабгынэжынум щхьэ, яз ныкъуэр къуажэр цыхугъэншэу зэрзэкIуэкIам щхьэ къатехуауэ зэгупщыс нэгъалатым щхьэ мэгуфIэхэр.

КЪуажэр адре тырку къуажэхэм еплъытэмэ щысыпIэкIэ жэнэтым ещхьщ. Жыжэ шIыпIэхэм щыщхэу къуажэм и шIым щыщ къазщэхуахэм жыг сыт хатIэри адыгэхэм ябгынэжа шIы дахэм езбы яжэнэтыр къагъашIащ. я унэхэри я псоукIэхэри нахъ зэгъэпэщащ. Мэз жыпIэмэ мэз, псы жыпIэмэ псы, лэжьалъэ жыIыэмэ лэжъалъэ пхуэхъун шIыпIэщ.

къуажэхэр дыбгынэхукIэ ди адыгагъэр дгъэкIуэдатэкъым. къуажэхэр дыбгынэу щышIэддзэм адыгагъэмн дыкъибгинэу шIидзащ. ИпэкIэ къуажэм дэкI щыIэмикI и къуажэ зыбгинэж машIэт. Ауэ ныджы къуажэ зиIэжыр машIэщ. КЪалэшхуэхэм дищхьэжьхэр фIэлэлу дыкъэнащ. Ди ныбэрэ ди бэкъурэ нахъ ди Iуэхуижкъым нахъыбэм. Лъэпкъ Iуэхур ипэ изгъэщ щыIэкъым, лъэпкъыр зыIисыр зышIэжи куэдижкъым.

Ди нэхъыжъхэм игугъ яшIхэу зэрзэхэсхамкIэ хэкум къикIахэм (къабэрдехэм нэхъыбэу) мыбей(=мыкъуэле) машIэт ди лъэныкъуэм. ныджыре зауэхэм сегупщысмэ зэрыслъагъумкIэ зауэ зэрыхъу ахъшэ зи куэдхэр, зи хэку зимыIуэхухэр я хэку йокIуэсыкIхэр. Сэри абдеж согупщысыр, Iуэхур сищхьэ изолъытыр дэ ди хэку зэрыдгъэкIуэдар дыхуфащэт нэхъ нобэ дымыпхуэдэнтэкъым. ШIыгум ипшIэр дышIэкъым жоуэ.

Лъэпкъхэри жыгым хуэдэщ. ШIым хуэныкъуэщ. ШIым щышIэмэ къэкIкъым, хэхъуэкъым, йогъуххэр.

жылэ зикIуэцI мыфахэр хэкум ехьэлIэжын, абы щыхэсэжын хуещ…

13.12.2010

блыщхьэ

маргъущ безир саврум