БЗУУФЭ

БЗУУФЭ
Си гум нилъэтыкӏа псалъэхэр
Нытетӏысхьащ уи гум и къудамэм
Зэӏущащэу уи гугъу ящӏыр,
Уэри я гугъу къомыщӏу
Уахукъоплъыр ущӏэгуфӏыкӏыу.
Гу лъатащи уазэреплъым
Мэтхъэжхэри уэрэд ныбжаӏэ..
Уи гум къипсыкӏа нэху хьэдзэхэр,
Зэщӏащыпэри сэ къысхуздахьыр.
26.02.2020
13:53
Маргъущ Везир