Казбек Коков хуэгъэзащ:

...
Казбек Коков хуэгъэзащ:
Щыгъуэ Махуэр ди щхьэ къырикӏуа гуузым и гукъэгъэкӏиж махуэщ. Мыпхуэдэ гуузхэр къэмыхъуижын папщӏэ икӏи ди щытыкӏэр икӏи дызэзэуауэ щыт цӏыхухэм я щытыкӏэр мамырыгъэм зэртедгъувэн хуейм и гъэлъагъуэ махуэщ мы махуэр икӏи.
Гуузым гууз пыдмыгъувэн папщӏэ гуузым губжь бгъэдэтлъхьэкъым. Ди жагъуэу дызытезкъутар щдогъэлъагъуэр мы махуэм.
Ди Хэкум мамырыгъэм тет зы гъуэгукӏэ дызэрлъэӏэсижын нэхъи дызыхущӏэкъу щыӏэкъым. Урыс лъэпкъри Хэкум ис адрей лъэпкъхэри жэгъуэгъуу тлъагъукъым. Дгъуасэ Къэршейхэм къыхудагъэкӏыу я щӏыгу езгъэгъуэтижа хабзэм хуэдэу Адыгэр къэралыгъэ хабзэкӏэ я Хэку зэрекӏуэлӏэжын нэхъ дызыпылъи щыӏэкъым. Хэкури УФ’ри щхьэгъэуз зыщӏын зыми дыпылъкъым.
Гъэ къэс щхьэусыгъуэ къэвгъуэтурэ ди щыгъуэ махуэм ди цIыхухэм я щыгъуэ щӏэжьыр уэрамым щамгъэлъэгъуэн щхьэ дывокъузэрикӏ мыбы фыкӏэрыкӏ. Мыбы дэри УФ’ ми къытхуихь щыӏэкъым. Дэ зыми и лӏыкӏуэ-зэуакӏуэу Хэкур зэхэдгъэзэрыхьын ди гугъэкъым. Адыгэ ӏуэхур зэфӏэсхынур УФ’рэ Адыгэмрэщ. Мыбы щхьэи нэмырлъ къэзгъэхъу щытыкӏэр зэдэдгъэкӏуэдын хуейщ.
Щыгъуэ Махуэр къэрурэ жэгъуэгъугъэрэ гъэлъагъуэ махуэкъым. Дэ дыщыгъуэрэ пэт УФ’ри мыпхуэдэ жагъухэр къэзмыгъэхъун политикахэм зытыригъэпсыхьын хуейщ.
Тхьэмадэр лъэпкъым и псалъэм мамырыгъэр зыхъумэу зыгъэзащӏэ и лӏыкӏуэщи ди псалъэр мыпхуэдэщ.
Маргъущ Везир
Тыркум
17.5.2026

Loading

0 Comments On “Казбек Коков хуэгъэзащ:”

Bir yanıt yazın

E-posta adresiniz yayınlanmayacak. Gerekli alanlar * ile işaretlenmişlerdir