ХЭКӀЫПӀЭ
Фыкъэрыкӏ тӏасхъэ щӏэххэм. Тӏасхъэ гъэпщкӏуа диӏэкъым е гъэпщкӏуауэ ӏуэху тхэткъым. “Тӏасхъэщӏэх” къэлэн яфту къытхэвутӏыпщхьэхэм фи пащхьэ ныралъхьэр тӏасхъэ пэжкъым. Тӏасхъэщӏэх напцӏэхэм тӏасхъэ ирагъэкӏурэ я ӏуэху зырагъакӏуэ закъуэщи фкъагъапцӏэр. Фэри дэри дызысын нафӏэ зэщӏагъаблэр.
Адыгэм и гур зыкъуз гукъеуэшхуэ иӏэщ. И хэку ирагъэбгынащ и щӏыгур зэхафыщӏащ. Фэ фзэрфӏэщӏымкӏэ и щхьэр къызэриӏэту псэури зтырикъутэнущ. Фэ къызэрыфщыхъур аращи блэр цӏыкӏу кӏыщӏэ дыукӏынщ жывори Адышэр дывокъузэр. Ауэ гур зыкъузыр хуиту къыжомгъаӏэмэ е гур мачэ е гукъузыр губжьыу зэтохъуэри нафӏэсу зэщӏонэ. Гур зыкъузми щӏонэр а нафӏэр.
Адыгэр дэвмыкъузэ, Адыгэм и гукъеуэр къыжевгъаӏэ. Фэри занщӏэу фыкъыдэрсалъэ. Тӏасхъэ щӏэххэр зыкъуэтхъыкӏыр жэгъуэгъугъэ закъуэщ. Мамырыгъэ нэхъ хэкӏыпӏэ диӏэкъым.
Маргъущ Везир
21.05.2026..
![]()
Bir yanıt yazın