Зи Гугъу ямшIахэр

зи гугъу ямшIахэр

Дэр хуэдизу и шIыгурэ и хэкурэ зыбгинэжыфрэ зыбгынэжара тету пIэрэ мы дунем… Сищхэгъусэм и къуажэм сыкIуат мэхуипшI хуэдиз ипэкIэ (кайсери-яхьялы епха бэнокъуэ къуажэ). я къуажэр псы IуашIэнум шIиубыдэнущ. КЪуажэр ягъатэджынущ. Псори мэгуфIэр. яз ныкъуэр къышIахыну щыт ахъшэм щхьэ, яз ныкъуэр къалэм Iэпхъэжу къуажэр зэрабгынэжынум щхьэ, яз ныкъуэр къуажэр цыхугъэншэу зэрзэкIуэкIам щхьэ къатехуауэ зэгупщыс нэгъалатым щхьэ мэгуфIэхэр.

КЪуажэр адре тырку къуажэхэм еплъытэмэ щысыпIэкIэ жэнэтым ещхьщ. Жыжэ шIыпIэхэм щыщхэу къуажэм и шIым щыщ къазщэхуахэм жыг сыт хатIэри адыгэхэм ябгынэжа шIы дахэм езбы яжэнэтыр къагъашIащ. я унэхэри я псоукIэхэри нахъ зэгъэпэщащ. Мэз жыпIэмэ мэз, псы жыпIэмэ псы, лэжьалъэ жыIыэмэ лэжъалъэ пхуэхъун шIыпIэщ.

къуажэхэр дыбгынэхукIэ ди адыгагъэр дгъэкIуэдатэкъым. къуажэхэр дыбгынэу щышIэддзэм адыгагъэмн дыкъибгинэу шIидзащ. ИпэкIэ къуажэм дэкI щыIэмикI и къуажэ зыбгинэж машIэт. Ауэ ныджы къуажэ зиIэжыр машIэщ. КЪалэшхуэхэм дищхьэжьхэр фIэлэлу дыкъэнащ. Ди ныбэрэ ди бэкъурэ нахъ ди Iуэхуижкъым нахъыбэм. Лъэпкъ Iуэхур ипэ изгъэщ щыIэкъым, лъэпкъыр зыIисыр зышIэжи куэдижкъым.

Ди нэхъыжъхэм игугъ яшIхэу зэрзэхэсхамкIэ хэкум къикIахэм (къабэрдехэм нэхъыбэу) мыбей(=мыкъуэле) машIэт ди лъэныкъуэм. ныджыре зауэхэм сегупщысмэ зэрыслъагъумкIэ зауэ зэрыхъу ахъшэ зи куэдхэр, зи хэку зимыIуэхухэр я хэку йокIуэсыкIхэр. Сэри абдеж согупщысыр, Iуэхур сищхьэ изолъытыр дэ ди хэку зэрыдгъэкIуэдар дыхуфащэт нэхъ нобэ дымыпхуэдэнтэкъым. ШIыгум ипшIэр дышIэкъым жоуэ.

Лъэпкъхэри жыгым хуэдэщ. ШIым хуэныкъуэщ. ШIым щышIэмэ къэкIкъым, хэхъуэкъым, йогъуххэр.

жылэ зикIуэцI мыфахэр хэкум ехьэлIэжын, абы щыхэсэжын хуещ…

13.12.2010

блыщхьэ

маргъущ безир саврум

Bir cevap yazın