ГЪУНДЖЭ
Соплъэр гъунджэм
Къищыр сэракъым
Къызолъ хамэ гуэрэри
Си щыпэ лъагъущи а слъагъур
Сэри соплъижыр хэт ар жоуэ…
Сыкӏуэдащи зызгъуэтижкъым
Сызэщхьыр зыӏисри къысхуэщӏэжкъым…
Хамэщ уэрамри
Хамэщ цӏыхухэри
Самылъауу къызкӏуэцӏыроплъхэ.
Янэскъым си макъыри,
Янэскъым си ӏусэри…
Сщымыӏауэ пӏэрэ щӏылъэм
Е псори зы фӏэщӏыгъэт?
Сызфӏэӏуэхукъым сызфӏэкӏуэдащи
Сызхуэзэжымэ сыт къэхъунур:
Дызэблэкӏыу дежьэжыну,
Е зы гъунджэм дкъыздищыну?
Маргъущ Везир
5. 4.26
![]()
Bir yanıt yazın