ЩХЬЭКIУЭ
ЩхьэкIуэ зимиIэм и щыгъуэм къикI щыIэкъым.
Адыгэм зы псалъэ иIэщ “ЩхьэкIуэм щIакIуэ уегъэщI жоуэ. “ ЩхьэкIуэ тхуэхъун куэд дищхьэ къырикIуащ икIи къырокIуэр. Ауэ дищхьэ къырикIуэ да зы Iуэхум щхьэ сыт тщIэрэ?
Илъэс къэс Майым и 21м ЩыгъуэщIэж махуэ жыдори псэури дызхощыгъуэр. Ауэ дызгъэщыгъуэнур къытхуэсхьа Iуэхухэм дахэплъэу мы Iуэхур къытхуэсхьа щытыкIэхэр зэхэтхуу дищхьэ къырикIуар щхьэкIуэ зыхуэтщIижу ди пщэдейм щхьэ зыри тщIэкъым. Дощыгъуэри дызбгыролъэлъижыр. Щ…ыгъуэм къыхэтхын хуей щхьэкIуэр къызэрхэдмыхым щхьэ мэхуит нэужъым псэури тщогъупщэжыр.
ДищхьэкIуэмкIэ дежьэн хуейщ. Мы махуэхэр къытхуэсхьауэ щыт ди щытыкIэхэр зэхэдгъэкIыу дэ зэрыдимыIам щхьэ дэзгъэгъэкIуэда еплъыкIэрэ щытыкIэхэр къэдгъэунэхун хуейщ. ТIани щхьэкIуэ Фхуеймэ мис ди дуней тетыкIэр: хэхэсыр зыщIыпIэкIэ маплъэр хэкурысыр пэмыщI зыщIыпIэкIэ маплъэр. Псалъэ гъущэкIэ Iущыу дунейм дытет дызФIощIиж.
Майым и 21м хэкум щыIэн зигугъа гупыр хэкум ирагъэхьакъым. Мыр хэт зищхьэкIуэр? Зым моращ зи ягъэр жи адрейм мыращ зи ягъэр жи. Мыр псэуми ди щхьэкIуэщ. ДАХми, КАффЕДми, уэри, сэри псэуми ди ягъэ хэлщ мы Iуэхум. Дэ къэралыгъуэ къэру диIэкъыммым къикI щыIэкъым. Щхьэусыгъуэм къыкI щыIэкъым. ИкIи КАффЕДми икIи ДАХми мы ди цIыхухэр хэкум зэркIуэнур щащIэкIэ, мы зэщIэхъейыныгъэр зытетыри щащIэкIэ, мы ди цIыхухэр зауэи банэи зэрхуэмейхэр щащIэкIэ мы Iуэхур зым зы тетхъуэным къикI щыIэкъым.
ДищхьэкIуэр нобэ нэхъ инщ. Псэум нэхрэ нэхъыбэ дылэжьын хуейщ. Хэкуншагъэм нэхъ нэхъ щхьэкIуэшхуэ щыIэ хэхэсым щхьэ? Уи блэкIар зытекIуэдар зыщыгъэгъупщэу нобэ къудейм щхьэ псэуным нэхъ щхьэкIуэшхуэ щыIэ?
Е дищхьэкIуэхэм къыдитыну къэрумкIэ гъащIэм дырикIуэнурэ зы пщэдей диIэнущ е дищхьэ дипсэм ирикIуэнущ псэури.
Маргъущ Везир
24.05.2016
15:18
![]()
Bir yanıt yazın